Абхъаз-адыгэ топонимикэр щытепщэщ![]() ЩIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщауэ щытащ иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм ди гъунэгъу къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыу, абыкIэ зэфIэзыгъэкIыну хуэщIэкъухэр куэду къазэрыхэкIыр. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм темыкIхэр и щыпкъапIэм нэплъысыным, зэрыщытар ипэжыпIэкIэ зэхэгъэкIыным емыгугъухэр аращ. А псори мыбдежым щытхузэмыгъэзахуэми, Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIудзауэ щиIэ и къуршылъэхэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм ящыщу тIум я гугъу тщIынщ. Адзэпш (Адзапш)
Апхуэдэу йоджэ дызытепсэлъыхь щIыналъэм щешкIурэх Лабэшхуэ ищхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ Санчаро псы бгъунжым и зы къуэпсхэм ящыщ зыми, а Iэгъуэблагъэм къыщызыпхив псы пщтыр хущхъуэхэми (я бжыгъэр 20-м щIегъу). Нэхъ телъыджэжыр аращи, а цIэ дыдэр зэрехьэ Къэрэшей-Шэрджэсым къуршхэмкIэ къыщыпэгъунэгъу Абхъаз Республикэм и бгыщхьэхэм къыщыщIидзэ Бзыбэ (Бзыбь) тIуащIэ абрагъуэм узэрыщхьэщыхьэ хъу шытх цIэрыIуэми (метр 2496-рэ и лъагагъщ). Рычэпстэ (Речепста)Инжыджышхуэ и псыхъуащхьэхэм къыщекIуэкI щIыпIэцIэхэм ящыщ зыщ.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





