МахуипщIым къриубыдэу бгъу![]() Накъыгъэм и кIэух мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэ махуипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъуа мафIэс 12-м хисхьащ, е сэкъатышхуэ щагъуэтащ автомашинэу 9-м. Транспортым мафIэм исыныр къыхокI электрокIапсэхэм сэкъат яIэным, автомашинэм и пкъыгъуэхэр мытэмэмыным. Автомашинэм мафIэ къызэрыщIэнэр къыпхуэщIэркъым Iугъуэмрэ сырымэмрэ къэмыуауэ. Аращи, фи тарнспортыр мафIэм хэмыкIуэдэн папщIэ, мы хабзэхэм фытет: - техникэр и чэзум къевгъэпщытэ; - псынщIэу къэлыдын машинэм ивмыгъэлъ; - автомашинм и двигателыр къабзэу дагъэхэкI кIэрымылъу щытын хуейщ, ар бензинкIэ фымытхьэщI, абы теухуауэ щыIэр къэвгъэсэбэп; - мыкалиброваннэ ткIугъуафIэ вставкэхэр къэвмыгъэсэбэп; - гулъытэ хэха хуэфщI къэзыгъэплъ системэр зэпэщу зэрылажьэм. Фи автомашинэм мафIэ къыщылыдамэ, занщIэу къэвгъэувыIи абы и двигателыр Iуфч. ЗывмыIэжьэу «101» номерым (жып телефонхэмкIэ) фыпсалъи мафIэсгъэункIыфIхэм хъыбар евгъащIэ. Ахэр къэсыхукIэ фиIэр къэвгъэсэбэп: Iэмэпсымэхэр: мафIэгъэункIыфI, брезент, щэкI Iув, пшахъуэ, щIы, нэгъуэщIхэри. Капотыр ибгъумкIэ фыщыту башкIэ е монтировкэкIэ фысакъыу къытефх (зыIэзыбжьэу капотыр къэфIэтмэ, мафIэ бзийр къыдидзынкIэ хъунущ). МафIэр зэрагъэункIыфIыр хуэвгъазэ, Фи щыгъыным, фи Iэм гъэсыныпхъэ, бензин нэсамэ, мафIэр гъэункIыфIыным яужь фимыхьэ. МафIэгъэункIыфIыр автомашинэм и салоным, рулым дэсым и дежкIэ нэхъ тыншыпIэм щыфхъумэну чэнджэщ фыдот. Багажникми хъунущ, ауэ ар къипхыным ихь дэтхэнэ дакъикъэми мыхьэнэ иIэщ. Транспортыр гаражым е гъэувыпIэм къыщылыдамэ икIи зиубгъунымкIэ шынагъуэ щыIэмэ, абы пэгъунэгъуу щыт машинэр Iуфху. Къэлыда автомашинэм фитIысхьэу ар щIэвгъэнэну фыхэмыт, абы пэIэщIэ зыфщI бензиныр е газыр къэуэнкIэ хъунущи. Фи автомашинэм мафIэ къыщIэмынэн папщIэ Iэмал имыIэу фытет абы зэрызыщахъумэ пщалъэхэм, мис абы щыгъуэ фи гъащIэри фи транспортри хъума хъунущ, - къет Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэс-къегъэлакIуэ IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





