Гуапэу кърагъэблэгъэжащ

Кавказ Ищхъэрэ округым и дзэ часть Звезднэ поселкэм щыIэм къулыкъу ящIэу нэгъуэщI щIыпIэм зи къалэн щызыгъэзэщIахэр гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ.

«Росгвардием и сэлэтхэр кърагъэблэгъэжащ къэрал IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм, районхэм я Iэтащхьэхэм, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, ветеранхэмрэ школакIуэхэмрэ. Полкым и командирыми и къуэдзэ подполковник Трушов Виктор гупым фIыщIэ яхуищзIащ хуагъэува къалэнхэр екIуу зэрагъэзэщIам папщIэ.

- Мыбдеж къулыкъу щызыщIэхэмрэ сэрэ къыдбгъэдэкIыу фIыщIэшхуэ фхудощI. Фэри, фи унагъуэхэми, фи Iыхьлыхэми фIыгъуэр фиIэну си гуапэщ,- жиIащ полкым и командирым и къуэдзэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд дзэ къулыкъуэщIэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ захуигшъэзащ, къызэрагъэзэжамкIэ ехъуэхъуащ. .

Къызэхуэсахэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым деж.

КЪЭМБЭЧОКЪУЭ Астемыр.
Поделиться: