Я нэIэ тетщ![]() 2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м республикэ прокуратурэм федеральнэ хабзэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI Санаров Андрей зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ жылагъуэ организацэм я лIыкIуэ щIыгъуу яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ закъыхуэзыгъэза цIыхухэм. Ахэр нэхъ зыгъэтхьэусыхэр псэупIэм теухуа хабзэр зэрамыгъэзащIэм къишэ гугъуехьхэрщ: фэтэрыр зейм ар и щхьэм къызэрихьэм хуэдэ\у щызэрихъуэкIкIэ, газ, псы бжьамийхэм, пэш блынхэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр унэм щIэс псом я дежкIи шынагъуэ зэрыхъур. Санаров Андрей зыхуэза дэтхэнэми гуригъэIуащ я тхьэусыхафэм теухуауэ прокуратурэм ищIэфынур, хабзэм къигъэувыр зыхуэдэр. Прокуратурэм зэхигъэкIынущ Iуэхур зытетыр, икIи кIэлъыплъынущ хабзэншагъэхэр зэрагъэзэкIуэжым.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
| ||





