Балигъ гъащIэм и япэ лъэбакъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 22-м Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр дыгъуасэ щратащ ­КъБР-м и Парламентым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ комитетым и Iэтащхьэ Къумал Заурбэч.
- Нобэ зэхуэтшэса ныбжьыщIэхэм я дэфтэр нэхъыщхьэр - Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр - идот. Ар гъащIэм уигу къыщинэж Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ, - къыхигъэщащ Егоровэм. - Апхуэдэуи мы Iуэхум и мыхьэнэр нэхъ ин ещI Урысейм и махуэр щагъэлъапIэм ар зэрытехуам. Илъэс 30-м щIи­гъуауэ ди къэралыр псэукIэ­щIэм техьауэ къогъуэгурыкIуэ икIи гъэ къэс и лъэщагъым ­хигъахъуэ зэпытщ, пщIэ иIэщ. Урысейм мыхьэнэшхуэ ирет шынагъуэншагъэр къызэгъэ­пэща хъуным. Абы и цIыхуу ущытыныр узэрыпагэнщ. Сэ срогушхуэ нобэ паспортыр зэтт мыпхуэдэ щIалэгъуалэ зэрыдиIэм. Къыхэзгъэщыну сыхуейт фи хуитыныгъэхэм щыхьэт ­техъуэ дэфтэрыр къыфIэрыхьамэ, дяпэкIэ жэуаплыныгъэрэ къалэнрэ фхьын зэрыхуейр. Илъэс 14-р куэдкъым, ауэ куэд щыфхузэфIэкIын пIалъэм фы­нэсауи жыпIэ хъунущ. Зы цIыху Iущ гуэрым жиIэгъащ: «Жыг абрагъуэр хьэдзэ цIыкIум къокIыкIыф. БыдапIэм щIым зыщеIэт. Гъуэгуанэшхуэр зы лъэбакъуэм къыдокIуэ». Ди къэ-ралым мы зэманым куэд щы- ­зэ­фIагъэкI щIалэгъуалэр егъэ­джэ­ныгъэм, щэнхабзэм, спортым, жылагъуэ Iуэхухэм щефIэкIуэным, я зэчийхэм хагъэхъуэным ехьэлIауэ. Балигъ гъащIэм хэфчэ япэ лъэба­къуэм мыхьэнэшхуэ иIэщи, сыщогугъ Iуэхугъуэшхуэхэм фи цIэр еп-          ха хъуну, нэхъыщхьэращи, хэ-ку­псэ нэсхэр къыфхэкIыну.                 Гъуэгу пэж къыхэфхыну сыны­вохъуэхъу.
Къумал Заурбэч ныбжьыщIэхэм щехъуэхъум къыхигъэщащ къэкIуэнум зыщыгугъыр ахэр зэрыарар. 
- Мыпхуэдэ дэфтэр къыщы­пIэрыхьэкIэ уи гур мыпIейтейуэ къанэркъым, Iуэхур КъБР-м и Парламентым зэрыщекIуэкIыр къэплъытэмэ, абы пылъ жэ­уаплыныгъэр нэхъыбэжу зыхыбощIэ. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ къызэгъэпэщакIуэ­хэм. Мыдрейуэ си ныбжьхэм захуэзгъазэу яжесIэну сыхуейт къэрал лъэрызехьэм дыкъызэрыщалъхуам дригушхуэн зэрыхуейр, - жиIащ Май къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м и еджакIуэ Сэралъп Лианэ.
ЗэIущIэм и кIэм къызэхуэсахэм жаIащ Урысей Федерацэм и гимныр. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: