ХьэщIагъэ

«ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ», - жаIэ адыгэхэм.
«Адыгэхэм цIыхум кIэлъызэрахьэ хьэщIагъэм а лъэпкъыр нэхъри еIэт! ХьэщIэ къызыхуеблэгъам дежкIэ ар гуфIэгъуэшхуэщ. И унагъуэ къихьам зыхуей псори хуигъэзащIэу, лей къытримыгъыхьэу, и хьэщIэм папщIэ и псэр итыну хьэзыру апхуэдэщ…», - итхыжащ дзэ тхыдэтх Дубровиным. Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэмыкIами, сыт хуэдэ лIакъуэм щымыщами, адыгэм къыхуеблагъэ дэтхэнэми зэхуэдэу хуэгуапэу и унэ иригъэсын хуейт. 
«Къеблагъэ» псалъэр адыгэхэм я гъуазэт сытым дежи. 
Сыт хуэдэ унагъуэми унэ щхьэхуэ иухуэрт, хьэщIэ къеблагъэмэ, абы щIигъэсыну. ХьэщIэщыр унагъуэр зыщIэс унэм зыкIи епхатэкъым икIи хэгъэреймрэ къеблэгъамрэ зыкIи зэран зэхуэхъуркъым. 
Хэгъэрейм хьэщIэщыр игъэщIэращIэрт и Iэмэпсымэ, хьэпшып нэхъыфI дыдэхэмкIэ. ХьэщIэщым и бжэр жэщи махуи зэIухат, хуейр еблагъэрэ, щIэупщIэншэу зигъэпсэхуну хуиту. 
ХьэщIэр къыумыгъэблэгъэныр, абы хьэщIагъэ иумыхыныр, щхьэегъэзыпIэ лъыхъуэм зыщIомыгъэкъуэныр – зэи пкIэрымыкIыжын напэтехт. 
«ХьэщIэм насып къыдокIуэ», - жаIэрт пасэрей адыгэхэм. 
Адыгэм и пщIантIэм хьэщIэ къыдыхьэу илъэгъуамэ, хуэпIащIэу пежьэрт, дэIэпыкъуурэ шым къригъэпсыхырти, хьэщIэщымкIэ иригъэблагъэрт. 
Унагъуэм цIыхухъу имысу хьэщIэ къихьамэ, унэгуащэр гъунэгъу лIым елъэIурт, хэгъэрейм я цIыхухъур къэкIуэжыху я хьэщIэм бгъэдэсыну. 
ХьэщIэм и Iэщэр зэкIырихырти, хэгъэрейм иритырт. Иужьрейм ар блыным фIидзэрт. Телъыджэт адыгэхэр псалъэншэу зэрызэрыщIэр… Нобэр къыздэсым акъылым хуэмыгъэIэкIуэ губзыгъагъэрэ щэн дахэрэ зыхэлъ щытыкIэт ар. Псалъэм папщIэ, хьэщIэм и щIопщ кIапэр бжэмкIэ гъэзауэ фIидзэмэ, жэщищ-махуищ нэхърэ нэхъыбэ зысIэжьэнущ, щIопщыпэр щIэкIыпIэмкIэ игъазэмэ – куэдрэ сыхьэщIэнукъым жиIэу арат. 
А дакъикъэм къыщыщIэдзауэ, хэгъэрейм жэуап ихьырт и хьэщIэм и гъащIэм теухуауэ. 
КъызэрыгуэкI хьэщIэхэм къыщинэмыщIа, насыпыншагъэ зылъысауэ дэIэпыкъуэгъу лъыхъуэхэми я щхьэ къуагъэзынкIэ хъунут. МылъкукIэ хуэмыщIами, езыхэр къулейсыз дыдэми, зы адыгэм апхуэдэ хьэщIэм «хьэуэ» жриIэртэкъым. Уеблэмэ апхуэдэ цIыху насыпыншэр уи унэ ибгъэсыныр, абы зыщIэбгъэкъуэныр, ар цIыхум къыбдалъэгъуныр – щIыхьт дэтхэнэ адыгэ унагъуэм дежкIи. 
Адыгэ хабзэм къызэригъэувымкIэ, хьэщIэм и цIэмкIэ, къыздикIамрэ, здиунэтIамрэ ущIэупщIэныр емыкIут. И узыншагъэмкIэ ущIэупщIэ мыхъумэ, зы упщIэ лейкIэ зыхуигъэзэнутэкъым. 
ХьэщIэм щхьэкIэ хэгъэрейм мэл пшэр иукIырт, пIастэ ищIырт. Ахэр хьэзыр хъуху и унагъуэм илъ шхын нэхъыфI дыдэхэм щыщ Iэнэ лъакъуищым тету хьэщIэщым хущIихьэрт. Лъэпкъым я нэхъыжьыр хьэщIэм бгъэдагъэтIысхьэрт, хэгъэрейр, е абы и къуэр, е я благъэ щIалэ щхьэгъырыту ящхьэщытт. 
Адыгэм и хьэщIэр зэи и закъуэу къигъанэртэкъым - гъунэгъухэмрэ благъэхэмрэ къеблагъэурэ, хьэщIэм бгъэдэст. 
ХьэщIэщым пщыхьэщхьэкIэ цIыхухэр куэду щызэхуэсырти, хъыбарыжьхэр зэхуаIуатэу, уэрэдыжь кърашу зэхэст. Апхуэдэ зэхущытыкIэм и фIыгъэкIэ, адыгэм гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэри, тхыдэри, щэнри иджырт. 
Нобэр къыздэсым адыгэ лъэпкъым зэрахьэ а хабзэ дахэр – цIыхум хьэщIагъэ ехыныр. Шэч хэмылъуи, щIэблэм зэIэпахыу яIэнущ а хабзэ дахэр. 
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: