Альпинистхэр Iуащхьэмахуэ дэкIынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси I00 зэрырикъум и щIыхькIэ, мы гъэм и шыщхьэуIум Урысейм и щIыналъэхэм щыщ альпинисти I00 Iуащхьэмахуэ дэкIынущ, «Эльбрусиада-I022» проектым хыхьэу. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм альпинизмымкIэ и Федерацэм, КъБР-м и Правительствэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Бгым дэкIыну альпинистхэр къыхахынущ ахэр Iуэхум зэрыхуэхьэзырыр тещIыхьауэ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм медицинэ тхылъ къыIахынущ, спортым хэтыну хуит  зэращIым теухуауэ.  

КъызэрыхагъэщамкIэ, ахэр бгым дашынущ Iуащхьэмахуэ лъапэ илъэс куэд щIауэ щылажьэ, Iуэхум хуэIэижь IэщIагъэлIхэм, зы цIыхум хуэзэу  нэхъ мащIэу цIыхуищ егъэбыдылIауэ.  Ахэр тхьэмахуэкIэ Iуащхьэмахуэ щыIэнущ: махуищыр траухуэнущ щIыпIэм и хьэуам есэным. Зы махуэ хухахынущ бгым и лъагапIэм нэху къыщекIыным,  адэкIэ бгыщхьэм дэкIынурэ Iуэхур и кIэм нагъэсынущ. Альпинистхэр дэкIынущ Чегет, Iуащхьэмахуэ лъагапIэхэм. 

Дунейм и щытыкIэм елъытауэ, «Эльбрусиада-2022» Iуэхум и программэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться: