Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ, мэкъуауэгъуэм и 17-м, къыщыпсэлъащ Санкт-Петербург къалэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и пленарнэ сессием. Мэкъуагъуэм и 15 лъандэрэ лажьэ форумым и утыку кърахьащ дунейпсо экономикэ щытыкIэм, абы и лъэныкъуэкIэ къэралхэм ягъуэт зыужьыныгъэмрэ ахэр зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэмрэ ятеухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр. Зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ журналист цIэрыIуэ Симонян Маргаритэ. Къэралым и Iэтащхьэм и къэпсэлъыныгъэр онлайн щытыкIэм иту къагъэлъэгъуащ ПМЭФ-м Интернетым щиIэ сайтымкIэ, УФ-м и «Япэ», «Россия 1», «НТВ», «Мир» канал нэхъыщхьэхэмкIэ.
Мы гъэм 25-нэу зэхашэ зэхуэсым, 2005 лъандэрэ хабзэу игъэувауэ, жыджэру хэтщ ди къэралым и Iэтащхьэ Путин Владимир. Нобэрей и къэпсэлъэныгъэми Президентым къыщигъэнэIуащ дунейм щекIуэкI политикэмрэ абы щыщыIэ экономикэ щытыкIэмкIэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэр. Апхуэдэу игъэбелджылащ ди иджырей Урысей Федерацэм къыпэщылъ къалэнхэр.
Къызэхуэсахэм сэлам гуапэ яриха нэужь, Путиныр шэщIауэ тепсэлъыхьащ дунейпсо хозяйствэм щызэтраублауэ щыта зэдэлэжьэныгъэм и лъабжьэр мы зэманым къызэрагъэтIэсхъам, къэрал зэхуаку зэпэщIэтыныгъэхэм ящыщ куэдым захуагъэ зэрыхэмылъыжым, сату, финанс IэнатIэхэм зэпэщIэувэныгъэ ткIийхэр зэрыщекIуэкIым, экономикэ, политикэ санкцэхэмрэ дэкъузэныгъэхэмрэ дитми, ди къэралыр зыужьынгъэм и гъуэгум къызэрытемыкIым, къухьэпIэмкIэ къикI экономикэ къыпэубыдыныгъэхэр мымащIэми.
- Дунейм къэралу тет псори я хуитыныгъэрэ яхь жэуапкIэ зэхуэдэщ, апхуэдэщ абыхэм щыпсэу цIыхухэри, - къыхигъэщащ Путиным. - АтIэми, къухьэпIэ къэрал куэдым къалъытэ езыхэм яIэ хуитыныгъэхэр нэхъыбэу, я Iуэху еплъыкIэри нэхъыщхьэ дыдэу. А Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ гупсысэкIэмрэ зэпэщIэувэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ухуашэ, политикэкIи экономикэкIи. Апхуэдэ щытыкIэ гугъум драгъэуващ мы зэманым къэралыр. Куэдым хъуэпсапIэу яIащ а дэкъузэныгъэхэмрэ къыпэубыдыныгъэмрэ дыкIъымыкIыфу ди пIэм дижыхьыныр. Хьэуэ. Апхуэдэу къэхъуакъым. Дэ долъыхъуэ икIи къыдогъуэт IэмалыфIхэр, хэкIыпIэщIэхэр. Ахэр хъунущ къэкIуэнум шынагъуэншэу дыхуэзышэну лъэмыж быдэ.
Къэралым и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ экономикэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. Абы жиIащ псэупIэ унэхэр къэщэхуным хуэгъэпса кредитхэр зэрат процент бжыгъэр дяпэкIи зэрагъэмэщIэнур. КъинэмыщIауэ, цIыхухэм я псэукIэр нэхъыкIэ мыхъуным хуэунэтIауэ хагъэхъуащ улахуэ нэхъ мащIэ дыдэм и инагъым, унагъуэ хуэмыщIахэм дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэтащ. Апхуэдэ IуэхуфIхэм дяпэкIи пащэнущ. Путиным зэрыжиIамкIэ, къыпэубыдыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыдэзыщIылIа къэралхэм езыхэми экономикэ хэщIыныгъэхэр ягъуэт. А псоми къарикIуа бэлыхьхэр псом япэ зытехуэр абыхэм щыпсэухэращ.
- Апхуэдэ щыщIэныгъэхэм, ахъшэр пудыщэ зэрыхъуам, гъэсыныпхъэм и уасэм зэрыхэхъуам, нэгъуэщIхэми я лъабжьэр нэхъапэIуэкIэ гъэтIылъа щыхъуащ а къэралхэм, абыхэм щрагъэкIуэкIа экономикэ политикэ мыхъумыщIэм и зэранщ ар, - жиIащ Президентым. - Ахъшэр къапщтэмэ, блэкIа илъэситI-щым уеплъмэ, ар гъэ къэс проценти 8-м нэскIэ нэхъ пуд щыхъуащ хамэ къэралхэм. А щыщIэныгъэ псори зытралъхьэну къагъуэтар иужьрейуэ дунейм къыщыхъуа Iуэхугъуэращ. Къыхызогъэщри, апхуэдэ экономикэ зэрыхьзэрийм ди зэран хэлъкъым. Дэ дызыхущIэкъур зыщ: къэралхэр дызэдэпыкъужу, хуэныкъуэм ди сэбэп едгъэкIыу дуней псор дызэдэпсэунырщ. Урысей Федерацэм, япэми хуэдэу, гулъытэншэ ищIынукъым Африкэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыIэ зызыужь къэралхэр. Абыхэм яхуедгъэшэнущ ерыскъыпхъэхэр, хущхъуэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэри.
Къэралым и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм щрагъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам. Абы и лъэныкъуэкIэ УФ-м зыхуигъэувыжа къалэнхэр къанэ щымыIэу зэрызэфIихынури къыхигъэщащ.
- Дызэрагъэува щытыкIэ ткIийхэм IэмалыщIэхэр къыдигъэлъыхъуэн, лъэпкъ экономикэм адэкIи зэрызиужьын хэкIыпIэфI куэд наIуэ къыдигъэщIащ. Дэ дяпэкIи дадэлэжьэнущ зи гупэр къытхуэзыгъэза дэтхэнэ къэралми, апхуэдэхэр нэхъ мащIэ хъуным зыгуэрхэр ерыщу хущIэкъуми, - къыхигъэщащ Путиным. - Хуабжьу долIалIэ, дяпэкIи зедгъэужьынущ зэдэлэжьэныгъэм и унэтIыныгъэ псоми. Апхуэдэу дэтIыгъынущ ди къэралым и ехъулIэныгъэм хуэгъэпса сыт хуэдэ жэрдэмыщIэри гупсысэщIэри.
Дунейм игъуэта щытыкIэщIэм ди къэралыр зэрыхэпсэукIыфынум, абы адэкIи зэрызиужьы-фынум хуэщIа IэмалыщIэхэр убзыхуным теухуауэ щытащ Президентым и къэпсэлъэныгъэр.
Форумым ипэ къихуэу, Путин Владимир лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ ПМЭФ-м хэт къэралхэм я пашэхэм, правительствэхэм я унафэщIхэм ящыщхэм. Къапщтэмэ, УФ-м и Президентыр IукIащ икIи псалъэмакъ щхьэпэ дригъэкIуэкIащ Къэзахъстан Республикэм и Iэтащхьэ Токаев Къасым-Жомарт. ЛIыщхьэхэр тепсэлъыхьащ зи пашэ къэралхэм яку дэлъ политикэ зэпыщIэныгъэхэм, экономикэ зэдэлэжьэныгъэхэм. Апхуэдэу, ПМЭФ-м къриубыдэу, Путин Владимир яхуэзащ ди къэралым щылажьэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэ журналистхэм, абыхэм я упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэм жэуап пыухыкIахэр, зэпкърыхауэ яритащ.