Илъэси 130 гъуэгуанэ

МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм щекIуэкIащ мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ Урысейпсо зэгухьэныгъэр - ВДПО-р - къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I30-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ зэхыхьэ.

Абы кърихьэлIащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм, ВДПО-м республикэм щиIэ IэнатIэм и Налшык къалэ къудамэм я унафэщIхэр, ВДПО-м и совет нэхъыщхьэм и хьэщIэхэу «Столичный трубочист» ООО-м и унафэщI Розвадовская Галинэ зи пашэр.

УнафэщIхэм, хьэщIэхэм зи махуэр зыгъэлъапIэхэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ, зэхыхьэм къыщеджащ УФ-м и Президент Путин Владимир зэгухьэныгъэм хуэгъэза и хъуэхъум.

Махуэшхуэ зэхыхьэм хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм мафIэс къыщымыгъэхъуным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа IуэхущIапIэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэм иратащ медалхэр, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэт лъапIэхэмрэ.

МафIэсым пэщIэтыным ехьэлIа къалэнхэр хьэлэлу зэрагъэзащIэм, кIэлъыплъыныгъэ лэжьыгъэмрэ профилактикэ Iуэхухэмрэ тэмэму зэрызэтеухуам папщIэ «ВДПО-р илъэси I30-рэ ирокъу» юбилей медалрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратащ: Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм кIэлъыплъыныгъэ лэжьыгъэмрэ профилактикэ IуэхухэмкIэ и управленэм и къудамэм и унафэщI Шыгъушэ Мурат, Налшык къалэм щыIэ къудамэм и унафэщI Биттиров Чэрим, Прохладнэ къалэмрэ Прохладнэ районымрэ щыIэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Аслъэнбэч, мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алборэ Руслан, профилактикэ гупхэм я унафэщIхэу Алборэ Амир, Дэжыг Натальерэ Шымэзокъуэ Зауррэ, Налшык къалэм и профилактикэ гупым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кожемовэ Залинэ, инструкторхэу Албеговэ Маринэ, Атлъэскыр ФатIимэ, Гегировэ Аминэ, КъуэщIысокъуэ Анжелэ сымэ.

Я зэдэлэжьэныгъэм нэхъри зегъэужьыным хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ «ВДПО-р илъэси I30-рэ ирокъу» юбилей медалрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратащ: Налшык къалэм и «Центр по делам ГО, ЧС и ПБ» къулыкъущIапIэм граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Ульбашев Ахъмэт, «Газыр тегуэшэнымкIэ Налшык щыIэ IуэхущIапIэ» АО-м и гъэзэщIакIуэ директорым и къуэдзэ - инженер нэхъыщхьэ Тутыкъу Анзор, «Газыр тегуэшэнымкIэ Налшык щыIэ IуэхущIапIэ» АО-м мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэм и унафэщI Апажэ Iэбу сымэ.

«МафIэсым пэщIэтыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалымрэ фэеплъ саугъэтрэ иратащ ВДПО-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и Налшык къалэ Советым и тхьэмадэ Хьэмдэхъу Залым, IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ абы и къуэдзэхэу Хьэмдэхъу Беслъэнрэ Ходов Эльдаррэ, апхуэдэуи бухгалтер нэхъыщхьэ Хъымбэзэр Маринэ.

Махуэшхуэ пшыхьыр ягъэдэхащ, абы кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэмрэ МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэмрэ я ансамблым, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгэ Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артист Гуазэ Тимур, уэрэджыIакIуэхэу Вындыжь Аскэр, Габуевэ Зухра, Иуаз Азэмэт, Саенкэ Евгение.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: