Сакъыну къыхураджэ

Урысей МВД-м Шэрэдж районым щиIэ къудамэм полицэм и участковэ уполномоченнэхэмрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ рейдхэр щрагъэкIуэкIащ цIыхухэр нэхъ дэзыхьэх, куэдым зыщагъэпсэху псыхэм. Абыхэм ящIыгъуащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм цIыхухэм я шынагъуэншагъэр псы объектхэм къыщызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ ЛIэужь Рустамрэ Шэрэдж районым мафIэсым кIэлъыплъынымкIэ и къэрал инспектор Малкандуев Ахъмэтрэ. 
«Гуэл щхъуантIэхэм», Аушыджэр къуажэм щыIэ псы пщтырхэм абыхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр щыдрагъэкIуэкIащ щIыпIэм щыпсэухэм, апхуэдэуи зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуахэм. 
Абыхэм гулъытэ хуащIащ псыхэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщыпхъэм, зызыгъэпскIхэм е псы Iуфэм зыщызыгъэпсэхухэм зыгуэркIэ фэбжь ягъуэтмэ, апхуэдэхэм деж япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат щIыкIэм. 
- Шынагъуэншагъэм къигъэув хабзэхэм тетынырщ езы цIыхуми, и Iыхьлыхэми я гъащIэри, я узыншагъэри хъумэным и джэлэсыр. Насыпыншагъэ фыхэмыхуэн папщIэ чэфу псым зыщывмыгъэпскI, фызыщымыгъуазэ щIыпIэхэм деж зыщыщIэвмыгъэмбрыуэ, сабийхэр я закъуэу псыхэм фымыутIыпщ, - къыхураджащ полицэм и лэжьакIуэхэм зыгъэпсэхуакIуэхэр. 
 

 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: