Музейм щахъумэнущ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм ­ЗауэлI щIыхьымкIэ и пэшым а IуэхущIапIэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат На­-куэ Феликс щратащ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр щахъумэну. Ар ЗауэлI щIыхьым и къалэ Налшык къыхуагъэфэщащ.

- Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и дежкIэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зи Iэ махуэщ нобэ, -  жиIащ и КъБР-м щэнхабзэмкIэ и ми­нистр ­Къу­махуэ Мухьэдин. - ТекIуэныгъэм и сэшхуэр КъБР-м и Лъэпкъ ­музейм щахъумэну ­къахьащ. Ар республикэм, Хэкум и щхьэхуитыныгъэмрэ ма­мы­рыгъэмрэ щIэбэна лIыхъужь­хэм я тхыдэм щыщ Iыхьэщ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ мыкIуэ­дыжынщ.
Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз къыхигъэщащ Москва и Поклоннэ бгым деж мэкъуауэ­гъуэм и 9-м ЗауэлI щIыхьым и къалэу къалъыта щIыналъэхэм я лIыкIуэхэм ТекIуэныгъэм и сэш­хуэр къызэрыщратыжар.
- Хэку зауэшхуэм и зэманым Налшык къалэм щыпсэухэм лIыгъэрэ лIыхъужьыгъэрэ зэрахьащ. ТекIуэныгъэм и сэшхуэр и щыхьэтщ Хэкум и хъумакIуэ нэсу зыкъэзыгъэлъэгъуа ди нэхъы­жьыфIхэм пщIэ къызэрыхуа­щIым. ТекIуэныгъэм и сэшхуэр ди япэ итахэм къалэжьа дамыгъэ лъапIэщ, хуей хъумэ, псэу­хэр Хэкум дыкъыщхьэщыжыну сыт щыгъуи хьэзыру дыщытыпхъэу дыкъыхуезыджэщ. Сэш­хуэм тетщ: «Кто к нам с мечом придёт, тот от меча и погибнет» псалъэхэмрэ урыс дзэзешэхэм я сурэтхэмрэ, - жиIащ Ахъуэхъу Таймураз.
ТекIуэныгъэм и сэшхуэр щагъэтIылъащ музейм ЗауэлI щIы­хьымкIэ и пэшым. Ахъуэхъу Таймуразрэ Накуэ Феликсрэ Iэ щIа­дзащ зауэлI дамыгъэр музейм щахъумэну зэрыратам щыхьэт техъуэ тхылъым.
Къумахуэ Мухьэдин жиIащ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр Налшык къалэм къыхуагъэфэща Хэку зауэшхуэ орденым дэщIыгъуу зэрахъумэнур.
Урал Ипщэм и IэпщIэлъапщIэ­хэм ТекIуэныгъэм и сэшхуэ 45-рэ ягъэхьэзыращ, тхыпхъэхэмкIэ гъэдэхауэ, зыхуагъэфэща къалэм и цIэри тетхэжауэ.

Сурэтыр  КЪАРЕЙ  Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: