ПщIэжрэ?

Пщэдджыжьым автобусым сису лэжьапIэм сыкIуэрт. ЦIыхур Iувти, тIысыпIэхэр зэпыубыдат. Сэ сыщысти, сыкъыдэплъеймэ – зы лIыжь жьакIэху къысщхьэщытщ. Сыкъэтэджри згъэтIысащ. «Упсэу, шынэхъыщIэ», - жиIащ абы макъ щабэ гуапэкIэ. 
ЛIыжьым упщIэ пыIэ хужь щхьэрыгъэт, джанэ-гъуэншэдж щIыху щыгът. Ар къызоупщI пенсэ фондыр здэщыIэмкIэ. «КъэувыIэпIэм дынэсмэ, сэри сикIынущ, уэзгъэлъэгъунщ, дадэ», - жызоIэ. 
Арати, автобусым дыкъокIри, лъэсу докIуэ пенсэ фондыр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ. ЛIыжьыр щхьэпэлъагэщ, и пкъыр захуэу иIыгъщ. «Мыбы и ныбжьыр фIыуэ хэкIуэта хуэдэщ, итIани баши иIыгъкъым, тегушхуауи мэбакъуэ, мэлэдец гуэрщ мыр», - жызоIэ сигукIэ икIи схуэмышэчу соупщI:
-Дадэ, емыкIу сыкъомыщI, зыгуэркIэ сыноупщIынут: илъэс дапщэ ухъуа?
ЛIыжьыр къызоплъ:
-Уэлэхьи, шынэхъыщIэ, сэ ныбжьыфI сиIэм. Илъэс бгъущIрэ тхурэ сохъу. 
-Сыту уи насып, - къызжьэдоху сэ. 
ЛIыжьыр къэувыIэри аргуэру къызэплъащ. 
-«Уи насып» жыпIа? Пэжщ, сэ иджыри къыздэсым сынасыпыфIэурэ сыкъекIуэкIащ. Зауэм сыхэтати, сыузыншэу къэзгъэзэжащ. Быни, быным я быныжхэм къалъхужахэри слъэгъуащ. Плъагъункъэ апхуэдизрэ ущыпсэукIэ! пэж жысIэнщи, иджыри къэс гъащIэр сфIэIэфIу, сфIэщIэщыгъуэу сыкъекIуэкIащ, ауэ иджы, уэлэхьи, къыстехьэлъэ хъуам. Гугъущ, шынэхъыщIэ, си ныбжьым уитыну! Зэгуэр уи ныбжьэгъуу щытахэр щымыIэжу, «пщIэжрэ?» жыпIэрэ гупым зыхуэбгъазэмэ, «сощIэж» жиIэу зыми жэуап къуимытыжмэ, абы щыгъуэм укъэсыжауэ аракъэ? НтIэ, сэ мис ар си нэгу щIокI…
Абы хэту лIыжьыр здэкIуэм дыносри, сэ къызогъэзэж. СыкъыздэкIуэжым слъэмыкIыу согупсыс дадэм жиIам. Абы и пIэм зызогъэувэри сыщIоупщIэ: «пщIэжрэ?» Жэуап щыIэкъым. Псалъэр жьым хохьэри мэкIуэдыж. 
 

 

Къагъырмэс Борис.
Поделиться: