Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэмкIэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и цIыхухэм зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщIхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэ! Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, ди къэралым бадзэуэгъуэм и 8-м щагъэ­лъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэ­жыныгъэм я махуэр. Абы къэрал гулъытэ зэригъуэтам къегъэлъагъуэ ­унагъуэмрэ къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэмрэ жы­лагъуэ узыншэ щыIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэра­Iэр: уи унагъуэм, адэ лъапсэм, Хэкум яхуэпщI пщIэр, абыхэм илъ зэхуэпэжыныгъэмрэ лъа­гъуныгъэмрэ щIэблэкIэрэ зэIэпахыу, ­сакъыу ­яхъумэу къы­зэрекIуэкIыр куэд и ­уасэщ. Жыла­гъуэр зэ­рызэхэт и Iыхьэ нэхъыщхьэу щыт уна­гъуэр хъу­мэныращ мыбдеж нэхъыщхьэр. 
Ди Президентым мы зэманым ищI уна­фэхэм я нэхъыбапIэр, псом япэрауэ, зыхуэгъэзар бын зыпI унагъуэхэм защIэгъэ­къуэнырщ. Абыхэм ­ягъуэт социальнэ дэIэ­пыкъуныгъэм зиужь икIи хэхъуэ зэпытщ. КъинэмыщIауэ, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, физкультурэмрэ спортымрэ, санаторэхэмрэ курортхэмрэ я Iэ­малхэм, тыншу, зэпэщу упсэуным, гъащIэм и нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми заужь, ефIа­кIуэ зэпытщ. 
Унагъуэм илъ лъапIэныгъэхэр хъумэныр, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэщIыныр, нэхъы­щIэхэр лъа­гъуныгъэрэ гулъытэрэ щымыгъэщIэныр - ахэращ жылагъуэм лъабжьэ быдэ хуэхъур, ди респуб­ликэми къэралми ехъулIэныгъэ яIэу заужьыным я джэлэсыр. 
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сыныво­-хъуэхъу а махуэ дахэмкIэ, гуапэмкIэ! Дэтхэнэ унагъуэ­ми узыншагъэ, хуабагъэ, на­сып, зэпэ­щы­ныгъэ илъыну!

Поделиться: