Лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къы­зэры­зэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирырагъэхьэлIэу, республикэм и къалащхьэмрэ и районхэмрэ зэIузэпэщ щIыным хуэгъэзауэ къыщрахьэжьа лэ­жьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. 

«Къалэ кIуэцIхэм тыншыпIэхэр къы­щы­зэгъэпэщын» программэр гъэзэщIа хъу­ным хуэгъэзауэ, республикэм зыгъэп­сэхупIэрэ цIыху екIуэлIапIэу иIэхэм ящыщу 13-р къагъэщIэрэщIэж. 
Налшык къалэм и гугъу тщIымэ, ар, псом япэрауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым и щIыбагъымкIэ щыIэ лъэс къэкIухьыпIэ-етIысэхыпIэрщ. КIэ­лъыкIуэу, «Курортнэ» зыфIащауэ До­линск щыIэ зыгъэпсэхупIэрщ, Темрыкъуэ Идар и цIэр зезыхьэ уэрамышхуэм егъэщIылIа егъэзыпIэрщ, Амщокъуэ зэкъуэшхэм я цIэр зэрихьэу Вольнэ Аул щыIэ уэрамым къыщыунэхуа щхъуантIагъэ Iэрамэшхуэм и Iэгъуэблагъэрщ, Лениным и цIэр зезыхьэ проспектымрэ Тэрчокъуэм ейр зыфIащамрэ я зэпылъыпIэм пэгъунэгъу зыгъэпсэхупIэрщ, нэгъуэщI­хэри. 
ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, рес­публикэм и адрей щIыналъэхэми щыIэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ цIыху зекIуа­пIэхэмрэ ящыщ зыбжанэми, зи гугъу тщIа программэм ипкъ иту, лэжьыгъэ щрагъэкIуэкI. Апхуэдэу, Прохладнэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым лъэныкъуэкIэ пыIудза лъэс зекIуапIэмрэ а районым хыхьэ «Победэ» колхозым щыщу Хэку Зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу а къалэм дэтым къедза етIысэхыпIэмрэ ­къагъэщIэрэщIэж. КъищынэмыщIауэ, Май къалэм и сабий джэгупIэр, Тырныауз и ут нэхъыщхьэр, Дыгулыбгъуей къуажэм кIуэцIрыкIыу Бахъсэн къалэм ухуэзышэ гъуэгу нэхъыщхьэм ижь лъэныкъуэмкIэ щыIэ и Iыхьэр. 
Зи гугъу тщIа псоми лъэс зекIуапIэу яIэхэм иджырей мардэхэм къитIасэ плиткэхэр щралъхьэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэ цIыкIухэмрэ щыджэгу, я Iэпкълъэпкъым зыщ­рагъэужь хъуну утыкущIэхэр къы­щы­зэIуах, къэзыгъэнэху уэздыгъэхэр дэнэкIи щыпадзэ. Лэжьыгъэ псори шыщхьэуIум къриубыдэу зэфIагъэкIынущ. 
Налшык къалэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, автомобиль зекIуапIэ нэхъыщхьэу иIэхэм зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэм щыпащэ. 
 Лениным и проспектым и лъэс зекIуа­пIэхэм плиткэщIэхэр тралъхьэ. АбыхэмкIэ къагъэщIэрэщIэжыну лъагъуэхэм, псори зэхэту, метр зэбгъузэнатIэу мин 45-рэ яубы­дынущ. КъищынэмыщIауэ, мыбдежым «Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иту, ток кIапсэхэр щIы щIагъкIэ щаутIыпщ, зэман гъунэгъум къриубыдэу, машинэ зекIуапIэ нэхъыщхьэм телъ асфальт «уэншэкужьри» и кIыхьагъкIэ трагъэкъэбзыкIынущ.
Кулиевым и проспектым инженер Iэмэп­сымэрэ-зэпыщIапIэу щыIэхэр зэрахъуэкIащ, машинэ зекIуапIэм зыузэхуж асфальт-бетон «уэншэкущIэр» трагъэзэгъащ. А уэрам дыдэм къэзыгъэнэху уэздыгъэхэр зыпащIэну пкъохэр щагъэуващ, лъэс лъагъуэхэм плиткэщIэхэр тралъ­хьащ. 
ЩоджэнцIыкIум и проспектри къо­щIэрэщIэж. Къапщтэмэ, машинэ зекIуа­пIэ нэхъыщхьэр зыузэхуж асфальт-бетоныр трагъэзэгъащ. Толстойм и уэрамым къыщыщIэдзауэ Захаровым ейм нэсыху гъуэгум и лъабжьэм щIэлъын хуей пшахъуэ-мывэкIэщхъ «уэншэкур» щаузэхуащ. Лъэс лъагъуэхэм плиткэ телъ­хьэным щыпащэ. «Уафэ къабзэ» програм­мэм ипкъ иту щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсащ. 
Къэбэрдей уэрамым, Идар Темрыкъуэ и цIэр зезыхьэм деж къыщыщIэдзауэ къалэ дэкIыпIэм нэс дэлъ километри 4,6-м асфальтыщIэ тралъхьащ, адэкIэ щыIэ километри 3,5-м къриубыдэу гъуэгум и лъабжьэм щIэлъын хуей пшахъуэ-мывэ­кIэщхъ трагъэзэгъащ. Языныкъуэ щIы­пIэхэм автомобиль зекIуапIэр нэхъ бгъуэ щащIащ, жыгыщIэхэр щыхасащ. 

Поделиться: