Налшык мэжджытыщIэ щаухуэнущ

Бадзэуэгъуэм и I5-м КъБР-м и УнафэщI КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Дин IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ щIыналъэ раис-Iимамхэмрэ. ЗэIущIэм къыщызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм щызэфIах лэжьыгъэмрэ республикэм ис муслъымэнхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ дин лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэн, ахэр нэхъ зыхуей хуэзауэ гъэхьэзырын зэрыхуейм. ХуэмыщIауэ псэухэм зэрадэIэпыкъупхъэми тепсэлъыхьащ. 

Налшык мэжджытышхуэ дащIыхьын мураду нэхъ пасэм къыхалъхьауэ щыта жэрдэмыр къыщаIэтыжащ мы зэIущIэм. Республикэм и лIыщхьэм къалэ администрацэмрэ Iуэхур зи пщэ къыдэхуэ министерствэхэмрэ унафэ яхуищIащ бадзэуэгъуэр имыкIыу абы епха унафэхэр зэфIахыну. 
 «ХъыбарыфIкIэ дывдэгуэшэну дыхуейщ, - закъыхуигъэзащ муслъымэн цIыхубэм Муфтийм и къуэдзэ Сыжажэ Алим. – Республикэм и УнафэщI КIуэкIуэ Казбек къыддищтащ Налшык мэжджытыщIэ щыдухуэн гукъыдэжыр. Фэри зэрыфщIэщи, раис-Iимамхэм щаIущIам щыгъуэ, ди УнафэщIыр а Iуэхум тепсэлъыхьащ. Мэжджытыр хуэзэнущ щIэуэ яублагъащIэ «КъуэкIыпIэ» къалэ Iыхьэм. ТхьэлъэIупIэм хухаха щIыр хагъэщхьэхукIри, хуэфэщэн дэфтэрхэр Дин IуэхущIапIэм къратыжащ. МэжджытыщIэ димыIэу щIэмыхъунум и щхьэусыгъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэр иджыпсту мэжджытышхуэм зэрыщIэмыхуэжырщ». 
Алим хъыбар къыдегъащIэ мэжджытым игъуэтыну теплъэр зыхуэдэнур къыхахын папщIэ зэхьэзэхуэ зэрызэхаублар. Дэтхэнэ зыри хуитщ абы хэтыну. ИужькIэ эскизхэм ухуакIуэхэр хэплъэнущ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: