Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм къыпащэ![]() «КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ проектым хэту зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI Нарткъалэ щыIэ, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым и пщIантIэм дэт поликлиникэм. А Iуэхум текIуэдэну сом мелуан 7I,2-р федеральнэ бюджетым къыхэкIащ.
Мы зэманым ирихьэлIэу унащхьэр яхъуэжащ, унэщIыбыр зэрахьащ, IуэхущIапIэм и кIуэцIми лэжьыгъэ пыухыкIахэр щызэфIагъэкIащ: унэлъэгур, инженер коммуникацэхэр зыхуей хуагъэзэжащ, щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ. Унэ щIыбым епха лэжьыгъэхэр 2023 гъэм ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2026 - 13:26 →
Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
28.03.2026 - 10:15 →
ЦIыхубэм гуапэу зэдаIэт
| ||






