Дэнэ щыIэми бзэр, хабзэр, зэхэтыкIэр ехъумэ

Илъэси 160-м нэблэгъащ адыгэхэм я нэхъыбэм я адэжь Хэкур зэрабгынэрэ. ЛIэщIыгъуэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэр щиухам ди лъэпкъэгъу минхэр къарукIэ ирахуат е гъэпцIагъэкIэ хэхэс хъуат.

Ди лъэпкъэгъухэм нобэ уащыхуэзэнущ къэрал куэдым. Тыркум адыгэу мелуаниблым нэблагъэ щопсэу, Сириемрэ Иорданиемрэ ­минищэрэ тIощIым щIигъу щыIэщ. Адыгэхэм уащрихьэлIэнущ Алыджым, Югославием, Ливием, Болгарием, Франджым, Алба­нием, Нидерландхэм, Румынием, Израилым, США-м, Канадэм, Мы­сырым, Ливием, ФРГ-м, Суданым, Иракым, нэгъуэщI къэралхэми. 
Дэнэ щIыпIэ щыпсэухэми зэрахузэфIэкIкIэ я бзэр, хабзэр, нэмы­сыр яхъумэж. Ар къайхъулIэнымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу Хасэхэр. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ ныбжь зиIэхэм е курыт ныбжьым нэсахэм нэ­мыщI, адрейхэм бзэр дахэ-дахэу зэрамыщIэжыр. ИтIани нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэтIысхьа ди къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ Iэмалрэ зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэу я бзэмрэ хабзэмрэ нобэрей махуэм къы­зэрахьэсам уи гур егъэхуабэ. Сыт хуэдиз бэлыхь я псэм дэлъу псэ­уами, абыхэм яхузэфIэкIащ лъэпкъ зыхэщIыкIыр ямыгъэкIуэдыну, къащIэхъуэ щIэблэр зыщыщ лъэпкъыр ящIэу къагъэхъуну. Си щхьэкIэ срихьэлIащ бзэр имыщIэми, хабзэ къыпкIэлъызезыхьэ, ар зи Iэпэгъу щIалэщIэхэм. 
Хэкужьыр зи плъапIэу къэпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ 1990 гъэхэм насыпышхуэ къахудэкIуауэ ялъытэрт. Абы щыгъуэм къэрал гъунапкъэхэр зэIуахри, а илъэсхэм щегъэжьауэ хэхэс адыгэхэр я хэку нэхъ къихьэж мэхъу, щIыналъэр зрагъэлъагъуну, зыщаплъыхьыну, я адэжьхэм я уэсят ягъэзэщIэну къокIуэж. Абы щыгъуэм къэIэп­хъуэжыпэну тегушхуахэри щыIэщ. Пэжщ, абы лъандэрэ къэзыгъэ­зэжар мащIэ дыдэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъищри зэгъусэу къапщтэмэ, мин зыбжанэ ирикъуну аращ. 
Мыбдежым губгъэн яхуэпщIыну къезэгъыркъым зи Iуэхурэ лъап­сэрэ хамэ къэралхэм щызэтраухуауэ щыпсэухэм занщIэу зыкъащтэу къызэрымыIэпхъуэжыфымкIэ. Ауэ адыгэпсэмрэ адэжь хэкумрэ къызэрыримышэжьэжыр умыгъэщIэгъуэни плъэкIыркъым. Дауи, нэхъыбэ къетшэлIэжыфыну къыщIэкIынт, ар зи лъабжьэ программэ гуэр лажьэу диIамэ. Абы и щапхъи тлъэ­гъуащ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта Джарым Аслъэн, къэ­рал Iуэху ищIри, Косовэ ­къришыжащ ди лъэпкъэгъухэр, къуажэ щхьэхуэуи игъэтIысыжащ. Абы иужькIэ апхуэдэу зэрыIыгъыу къытхуэмышэжами, къэкIуэж зэрыщыIэм, зи хэкужь зэзыгъэгъуэтыжхэр къызэрытхэтым и фIыгъэкIэ Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр догъэлъапIэ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: