Ди къуэш республикэр илъэси 100 ирокъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Адыгэ Респуб­ликэр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ абы и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат ехъуэ­хъуащ. 

«Адыгэ Республикэм но­бэ и илъэси 100 ныбжьыр егъэлъапIэ. 1922 гъэм ба­дзэуэгъуэм и 22-м РСФСР-м хэту щIыналъэм къэралы­гъуэ зэрыщызэфIэувам абы и тхыдэри, щыпсэу лъэпкъ­хэри гъуэгуанэ махуэ тригъэувауэ щытащ. 
ГъащIэм и дэтхэнэ лъэ­ныкъуэми ехъулIэныгъэш­хуэ­хэр щызригъэгъуэтащ Адыгэ Республикэм блэкIа илъэси 100-м. ЩIыналъэм щыпсэухэм я зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэм, ахэр жэ­уаплыныгъэкIэ лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтым, езыхэри зэ­рызэрыIыгъым и фIыгъэкIэ, Адыгэ Республикэр щIыналъэ хъуэпсэгъуэ хъуащ. Гъу­нэ зимыIэ Урысеишхуэм ар налкъутым ещхьу къыхолы­дыкI. ЩIыналъэм хэщI имы­Iэу щахъумэ адэжьхэм къы­хуагъэна хъугъуэфIыгъуэ­хэр, нэхъыжьхэм къащIэна хабзэжьхэмрэ щэнхабзэмрэ нэхъри зрагъэубгъу, - дыкъыщоджэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъум. - Адыгэ Республикэм дяпэкIи къикIуэт имыщIэу зиужьынущ, ди ­Хэкум и къэкIуэнум хэлъхьэ­ныгъэшхуэ хуищIу. Гурэ псэ­кIэ сохъуэхъу республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат Къэралбий и къуэми ди ­къуэш республикэм щыщ унагъуэ къэси насып яIэну, ефIакIуэу, заузэщIу псэуну». 

Поделиться: