ХьэмкIутIей гущэм ирапIыкIт

Адыгэхэм я фIэщ хъурт сабий къалъхуагъащIэм и напэм бынжэлъ щахуэмэ, ар дахэу, нэкIущхьэплъу къэтэджыну. ИкIи фызгъалъхуэм мэгъу мыхьэнэ зиIэ псалъэ: «Хулъэ, лъынэ, кIадэ, дащхьэ, хущхьэ хуэдэу убагъуэ, лъынэ хуэдэу удахэ», – жиIэурэ сабийм и нэкIущхьитIми бынжэлъ щихуэрт.

Мыхьэнэшхуэ иIэу ялъытэрт сабийр зрапIыкI гущэми, ар къызыхэщIыкIа пхъэм деж къыщыщIэдзауэ зыщIамкIэ иухыжу. Пхъэ угъурлыуэ ябжырт кхъужьейр, бжейр, Iэнейр, псом хуэмыдэу хьэмкIутIейр. Гущэ Iэдий, гущэ лъэгу хуэдэхэр хьэмкIутIейм къыхащIыкIмэ сыт щыгъуи нэхъ къащтэрт. Адыгейхэм нэхъ пхъэ махуэу жыхуаIэр кIей, тIушэ, жыгей хуэдэхэр арат, ауэ абыхэми хьэмкIутIейм къыхэщIыкIа пхъэбгъу пIащIэ щимэ цIыкIу гущэкъум фIадзэрт.

ХьэмкIутIей гущэм ирапIыкI сабийр насыпыфIэ, Iумахуэ хъуну ялъытэрт. ФIыуэ ялъагъуртэкъым бэрэжьейм къыхэщIыкIа гущэ. Иджыри цIыху гъуэлэгъуасэ, тэмакъкIэщI ирихьэлIамэ, ди нэхъыжьхэм жаIэ: «Уи, лIэун, бэрэжьей гущэ урапIыкIа нэхъей».

Сабий къалъхуагъащIэм адыгэхэм гуфIэгъуэ, тхьэлъэIу иращIэкIыу щытащ. Апхуэдэ унагъуэм щIалэ къралъхуамэ хугу хьэжыгъэ фокIэ пщауэ ягъажьэрти, яшхырт, я гъунэгъухэм хурагъэхьырт, ди щIалэр къуэгъу, жыIэщIэ, жыджэр хъуну фытхуэхъуахъуэ, жаIэрти. Дунейм къытехьа дзадзум и гъащIэр кIыхь хъун, узыншэн щхьэкIэ кхъуейплъыжькIэрыщIэ ящIырт.

Шапсыгъхэм сабий къалъхуагъащIэмрэ абы и анэмрэ бзаджэнаджэм «щахъумэу» япэ махуищым щIопщакIуэ хуэдэу ящIырт, абы джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэри хэту. Абы ящыщт хъринэ щIэщIэнри, «Iупэгъу» е «дзэлдэу» жыхуаIэу щыта джэгукIэри. Дзадзум и бынжэр пыхуа нэужькIэ ар бжаблэм и деж хаерт, гущэхэпхэ ящIырт.

Сабийр гущэм хапхэн и пэкIэ гущапIэм джэду ирагъэжае хуэдэу ягъэгъуэлъырт, абы и ужькIэ фыз угъурлы, бын узыншэ къызыщIэхъуэ гуэрым ар пIэм храгъапхэрт. ГъэщIэгъуэнт а фызым къызыфIимыгъэIуэху, и щхьэ хужиIэж хуэдэурэ сабий зыгъуэта анэм ирит чэнджэщхэр. Апхуэдэу абы жиIэрт сабийр гущэ щыхыупхэкIэ, абы и пIэщхьагъ цIыкIур лъахъшэ пщIымэ, и Iэ цIыкIуитIыр къэпшэщIыжрэ гущэ хъыданыр епшэкIмэ, ар пщэ кIыхь, дамэ гуэлэл хъуну. Ещхьыркъабзэу, и пIэщхьагъыр лъагэу къэпIэтмэ, и Iэ цIыкIухэр и пщэмкIэ кIэщIэгуа щIыкIэу хыупхэмэ, сабийр пщагуэ, дамэду хъунущ. Абыхэм, дауи, Iущагъ хэлът.

Мыхьэнэ иIэт сабийм и щхьэкупцIапцIэм деж тIатIий хагъапщIэу зэрыщытами. Абы щхьэкупцIапцIэм хуэсакъ, уемыIусэ, жиIэу къикIыу щытагъэнущ. КъимыдэкIэ, адыгэхэм ядэртэкъым сабийм и гущIыIу дэгъэзеяуэ куэдрэ пIыгъыну. НэхъыфIу къалъытэрт, уеблэмэ, ар уи Iэблэм еупцIэкIа щIыкIэу и гупэр егъэзыхауэ пIыгъмэ. Абы и щхьэр иIыгъыжыфу псынщIэу иригъасэрт. ИтIанэ жаIэрт зи гущIыIу дэгъэзеяуэ куэдрэ яIыгъ сабийм и тхьэмбылыр ин хъууэ, абы жьэн уз нэхъ хуэлъэу.

Сабийм и дзэхэр къэкIыу щIидзамэ, абы и анэшхуэм хугу хуигъэпIэнкIырт: «Тхьэм псынщIэ ищI, мыпхуэдэу тхьэм къыхигъэщэщ» жиIэурэ. Дзэ Iyxyap дамащхьэ ижьымкIэ щхьэпрадзу унэм е гуэщым драдзеин хуейуэ къалъытэрт, мы псалъэхэр жиIэурэ: «ГъущI фIамыщI, кхъуейм егъэжь, лыжьым IуещIыкI, дзэжьыр узот, дзэщIэ къызэт». Абы щыгъуэми сабийм и дзэ Iухуам щIигъун хуейт фIамыщI тыкъыррэ шыгъу кIанэ цIыкIурэ.

Мыри гъэщIэгъуэнт. Сабийм и дзэр Iухуа нэужь, ар здыIутам деж дзэлым куэдрэ емыIусэну ягъэIущырт: «УеIусэмэ, дзэщIэр къэбкъитхъуу къэкIыжынущ, щынэдзэ цIыкIум и пIэкIэ, дзэмыкъ ухъунущ», – жаIэурэ. ЗэрахузэфIэкIкIэ адыгэхэр сабийм и узыншагъэми хуэсакъыу щытащ. Ар щахъумэрт жьэнпэпкъ ныбэ узым, ныбажэ мыхъуным, щIыIэ хэмыхьэным.

Абы щыгъуэми зыми и мысэбэп дыуэ-дыуэпсым, мэгъу Iуэхухэм инэмыщIауэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iэмалыгъуэхэри къагъэсэбэпырт. Апхуэдэу илъэс щищ нэблагъэ япэкIэ ди деж щыIа Абри де ла Мотрэ итхыгъащ: «Сэ слъагъурт шэрджэсхэр зэрыдахэ защIэр. Мыбы яхэттэкъым фэрэкIым зи нэ ирифарэ зи нэкIу зэхишхыхьарэ. Сигу къэкIащ мыр: Iэмал гуэр ямыщIэу пIэрэ а дахагъэм и бий ерум, лъэпкъ куэдхэр зыгъэгулэз узыфэ бзаджэм ирыреIэзэу. ИкIи абы сыщыщIэупщIэм, къызжаIащ апхуэдэ щэху гуэрхэр зэращIэр. Сэ ар куэд дэмыкIыуи си нэгу щIэкIащ.

Шэрджэсхэм сабийм фэрэкI халъхьэу арат. ФэрэкI зыхалъхьэр илъэсиплI-тху зи ныбжь хъыджэбз цIыкIут. Сэ къызэрызжаIамкIэ, ар япэ щIыкIэ ягъэныбэжащ. Абы щхьэкIэ ар ирагъэфащ выбзэгу жыхуаIэ удзым къыщIэвыкIа псы, фо хэлъу. Хъыджэбз цIыкIур фэрэкI зытет щIалэ цIыкIум и деж яхьащ… Абдежым фызыжьым мастищ зэтепхауэ къищтэри сабийм фэрэкI хилъхьэну щIидзащ. Япэрауэ, и дзажэ кIапэм и деж, итIанэ и бгъэ сэмэгум, ещанэу, и бынжэм и гъунэгъуу, еплIанэу, и Iэгу ижьым, етхуанэу, и лъэкIэн сэмэгум я дежхэр къритхъри лъы къригъэкIащ, иужькIэ, щIалэ цIыкIу сымаджэу хэлъым и фэрэкIым къикIа шыныр щихуэри фIарий  тхьэмпэкIэ трилъэщIэжащ, а псом иужьыжкIэ хъыджэбз цIыкIур щынафэ цIынэ хуабэм кIуэцIишыхьри зэщIиуфэжащ...» Мыр къыщыхъуар 1711 гъэрщ. Ауэ щыхъукIэ, а лъэхъэнэм фэрэкIхэлъхьэр иджыри къагупсысатэкъым.

Япэ дыдэ фэрэкI хилъхьэу тхыдэм ихуар инджылыз дохутыр Дженнерщ, ар къыщыхъуари 1796 гъэрщ. Пэжщ, Мотрэ и ужькIэ, илъэсищэ хуэдиз дэкIауэ, ди деж щыIахэм зэратхымкIэ, адыгэхэм фэрэкIхэлъхьэ жыхуаIэр ямыщIэу, ахэр фэрэкIым игъэгулэзу щытауэ тхыгъэхэм къыхощыж. Абы къегъэлъагъуэ зэманым а Iуэхугъуэ щхьэпэр адыгэхэм зэраIэщIигъэгъупщыкIыжар. АбыкIэ зэран хъуауэ къыщIэкIынущ адыгэхэм а зэманым къащтауэ щыта муслъымэн динри, абы и лъабжьэр фIыуэ зыгъэбыдэну хэта динырылажьэхэри, узри лажьэри алыхь Iэмыру жаIэу зэрыщытари.

Поделиться: