ЛIыхъужьхэм я дамыгъэхэр яретыж

Дзэ операцэ щхьэхуэ екIуэкIым хэкIуэда зауэлIхэм я къэрал ­дамыгъэхэр я Iыхьлыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яритыжащ. Урысей Федерацэм и Президентым и Указым ипкъ иткIэ я дзэ къулыкъур щагъэзащIэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэ, хахуагъэрэ псэемыблэжагъым папщIэ Хахуагъэм и орденыр дунейм ехыжауэ хуагъэфэщащ ефрейтор Абей Ахь­-мэд Хъусен и къуэм, сержант Гороев Азэмэт Аслъэн и къуэм, ­сержант Гъуэщокъуэ Темыркъан Заур и къуэм, рядовой Мурзаев Руслан Ильмутдин и къуэм, лейтенант ХьэтIэхъу Iэдэм Заурбий и къуэм. 

«Ди зауэлIхэм щIыхьрэ хахуагъэрэ яхэлъу я къулыкъур ягъэзэ­-щIащ, я Хэкур щахъумэжым лIыхъужьыгъэ нэс къагъэлъэгъуащ. Мис абыхэм я щапхъэхэмкIэщ иджырейхэри къэкIуэну ныбжьы­щIэхэри гъэсэн зэрыхуейр. Абыхэм я цIэр къыхэнащ Къэбэрдей-­Балъкъэрми Урысей къэралыгъуэми я тхыдэм. Дэтхэнэ зы унагъуэм и дежкIи ахэр зэрыхэкIуэдар пхуримыгъэкъужын хэщIыныгъэщ, дэ­-ри дывдощыгъуэ икIи сытым дежи дыфщIыгъущ. ЛIыхъужьхэм я цIэр ди гум лIэщIы­гъуэкIэ илъынщ. Апхуэдэ къуэфIхэр зыгъэса ­адэ-анэхэм ди щхьэр яхудогъэщхъ. Фэеплъ дахэ яIэну», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек къызэ­хуэсахэм захуигъазэу. 
ХэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм яхуэгузэващ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафIэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу ФедерацэмкIэ Советым щыIэ Ульбашев Мухьэрбий, ­КъБР-м щыIэ къэрал инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и дзэ комиссарым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Будаков Антон, Прохладнэ къалэ, Бахъсэн, Прохладнэ, Тэрч, Шэрэдж щIыналъэ адми­нистрацэхэм я Iэтащхьэхэу Архангельский Вячеслав, Балъкъыз Артур, Журавлёв Андрей, Дадэ МуIэед, Кульбаев Алан сымэ. 

Поделиться: