ЩIыпIэцIэхэр

Ныджэкъуэ-Наджиго

Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) къалэ цIыкIум къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуэпсэгъуэу зыдигъэзэгъащ зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм.

БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, къуажэм зэреджэр псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ» - рэ «къуэ» - уэ.

Мы щIыпIэм икIыу псыхъуащхьэхэмкIэ дэзыгъэзей гъуэгуитIым я зым Мэкъупс и къуэладжэ зэвым удешэ, адрейм шытх мылъагэм адэкIэ къыщыс Псыущхъуэ жылэм ухуешэ.

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, тIуащIэм ижькIэрэ щыпсэуа шапсыгъхэм я нэхъыбапIэм Урыс-Кавказ зауэжьым иужькIэ Хэкур ябгынэн хуей хъуащ. Къэнахэр бгым щхьэдагъэхри Хуарз псым и Iуфэм а лъэхъэнэм иджыри Iусыгъа Хьэджымыкъуэ абэзэхэ къуажэм дагъэтIысхьат, арщхьэкIэ а жылэри зэхэзехуэн щащIым, Ныджэкъуэ икIахэр къыдэIэпхъукIыжри къыщыхъуа я хапIэжьымкIэ къагъэзэжащ икIи зи гугъу тщIы къуажэр къагъэунэхужащ. Абыхэм къатехъукIыжащ ноби мы щIыпIэм щыпсэухэм я нэхъыбэр.

Мэкъупс-Макопсе

Километр 12 зи кIыхьагъ псым и къыщIэдзапIэр Псыущхъуэ бгым ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэрщ.

Гу зылъытапхъэр аращи, псыр хы ФIыцIэм щыхэлъэдэжым пэмыжыжьэу щыс къуажэми а цIэр зэрехьэ.

Зэрынэрылъагъущи, щIыпIэцIэр IыхьитIу зэхэтщ: «мэкъурэ» псыуэ». КъикIри гурыIуэгъуэщ.    

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: