Ди «Псэ Жыгыр»

Фэеплъ
 

 Скульптор ГъущIапщэ Арсенрэ архитектор Мату Зауррэ ящIа «Псэ жыгыр» 2004 гъэм ягъэуващ. Ар I763-I864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъщ. Шэрхъ щIыкIэу гъэжа бетоным тещIыхьащ жэзым къыхэщIыкIа, метрибл зи лъагагъ жыгыр. Псэ жыгым къудамибл иIэщ. «Къудамиблым къагъэлъагъуэ лIакъуибл: адыгэхэм благъагъэр лIакъуиблкIэ къабжыр. Фэеплъыр зауэмрэ щыгъуэмрэкъым зи нэщэнэр, атIэ гъащIэ къегъэлъагъуэ. Псэ жыгым и дамыгъэр Мейкъуапэ, Хьэт культурэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ урохьэлIэ», - жеIэ ГъущIапщэм.
 Илъэсищэ зауэм теухуа фэеплъ Налшык щагъэувын унафэр къащтат I994 гъэм. Абы щыгъуэ Хуитыныгъэм и жыг хадэ цIыкIум деж щагъэтIылъауэ щытащ мывэ, абдежым фэеплъ зэрыщаухуэнур тетхауэ. Зэман дэкIри, мывэр щагъэтIылъам тIэкIу нэхъ ищхьэкIэ щаухуащ фэеплъыр – адэжьхэм щIыхь зэрыхуащIым и нэщэнэ Псэ жыгыр. Ар я фэеплъщ Хэкум папщIэ зи псэ зытахэм, щIэблэм я хуитыныгъэм щIэхъуэпсахэм, я насыпым щIэзэуахэм. «Псэ жыгым» къегъэлъагъуэ къэкIуэнум фIыкIэ дызэрыгугъэри. 
 Илъэс къэс ныкъыгъэм и 2I-м фэеплъым и деж щрагъэкIуэкI ЩыгъуэщIэж махуэм теухуа дауэдапщэхэр. 
 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: