И бий нэхъыщхьэр къабзагъэрщ

Жьэн узыр хьэлъэу узыгъэсымаджэ узыфэ зэрыцIалэщ. А узыр къызыпкърыкI микробхэр гъэкIуэдыгъуейщ, абы къыхэкIыу сымаджэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къабзагъэм, ар сыт и лъэныкъуэкIи зыкIэлъыплъыжын хуейщ. Псом хуэмыдэу сакъын хуейщ лы, шэ, шатэ, джэдыкIэ хуэдэхэр къыщыпщэхукIэ. А ерыскъыхэм жьэн узыр къэзыгъэхъей микробхэр нэхъ яхуэлъэщ, абы къыхэкIыу ахэр щащэ щIыпIэхэм къабзагъэм и хабзэхэр къыщызэпаудмэ, цIыхум и узыншагъэм и дежкIэ абы къашэ шынагъуэр къыпхуэмылъытэнщ.

 

Сымаджэр щыпсчэкIэ, къыщепскIэ, щыпсалъэкIэ, и Iупсыр тэмакъым къыщытригъэкIкIэ къыжьэдэкI микробхэр метритIкIэ «зэбролъэт», ихъуреягъкIэ щыIэ хьэпшыпхэри хьэуари яуцIэпIу. Апхуэдэу жьэн узыр зыпкърыт сымаджэр щыпсчэм ирихьэлIэу сабийр бгъэдыхьамэ, зэман мащIэкIэ фIэкIа абы и гъусэу щымытами, ар зэуэ къицIэлэнущ.

Сабийм и Iэпкълъэпкъыр быдэу зэрызэрымыубыдам къыхэкIыу, жьэн узым и микробым «хуэзэ» сабии I00-м щыщу еплIанэр сымаджэ мэхъу. ГъэщIэгъуэныращи, а узыр къызэрыпкърыхьар къыумыщIэу зэман куэд дэкIынкIи хъунущ. ЖэщкIэрэ къэпщIантIэу, къыхэпсчыкIыу зэрыщытыр къафIэмыIуэхуу мазэ зыбжанэкIэ йокIуэкI. А зэманым къриубыдэу Iэпкълъэпкъыр йоныкъуэкъу бактерием икIи хуэм-хуэмурэ тхьэмбылым «тIысыпIэ» зэрыщищIыным хущIокъу. Абдежым тхьэмбылым игъуэта сэкъатыр зыхуэдэр фIы дыдэу къыпхуэщIэнущ флюорограф IэмэпсымэмкIэ. Нобэ медицинэ щIэныгъэм сыт хуэдэу зимыужьами, жьэн узым упэщIэтыныр кIуэ пэтми нэхъ гугъу мэхъу икIи Япэ дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм абы и лъэныкъуэкIэ дызэрыта щытыкIэм дыкъэзэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэкъым.

Узыфэ зэрыцIалэм зыщыпхъумэфынущ БЦЖ мастэмкIэ. Абы и фIыгъэкIэ жьэн узыр къызэуалIэ сабийхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ, сымаджэхэми узыр къатемыхьэлъащэу йокIуэкI. Япэ мастэр сабийр дунейм къызэрытехьэрэ махуи 3 - 5 нэхъ дэмыкIыу халъхьэ, етIуанэр - илъэси 7 хъуа нэужь, къыкIэлъыкIуэу балигъыпIэ щиувэм и деж иджыри зэ къытрагъэзэж. Ауэ япэщIыкIэ сабийхэм Манту мастэр халъхьэри, абы къигъэлъагъуэм елъытауэ къытрагъэзэжу аращ. Мастэр зыхалъхьа щIыпIэм и деж мм I0 хуэдизу плъыжь цIыкIуу къэпщмэ, абы къегъэлъагъуэ узыфэ зэрыцIалэм и бактериехэм щыщ сабийм къызэрыжьэхэуар. Манту мастэр Iэмал имыIэу илъэс къэс сабийм хэлъхьэн хуейщ, ар абы и узыншагъэм зыкIи зэран хуэхъунукъым.

Жьэн узыфэр зыпкърыт сабийхэр балигъхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ тыншу пхуогъэхъуж, ауэ абы папщIэ ар хэмытIэсауэ щытын хуейщ. Апхуэдэм деж сабийм унэми ущеIэзэфынущ, мазищкIэ ар егъэфэн хуейщ жьэн узым зэрыпэщIэт хущхъуэм витаминхэр и гъусэу. Узыр хэтIэсамэ, абы нэхъри зиубгъункIэ шынагъуэ щыIэщи, ныбжьыщIэр сымаджэщым щIагъэгъуалъхьэ, иджы абы ирахьэлIэ хущхъуэхэри нэхъыбэнущ, илъэсым нэблагъэкIи дохутырхэр къыкIэлъыплъынущ.

Сабийр дунейм къытемыхьэ щIыкIэ жьэн узым зэрыщыпхъумэным хущIэкъупхъэщ. Апхуэдэу унагъуэм хэхъуэ яIэнумэ, абы щIэс псоми я узыншагъэр флюорограф IэмэпсымэмкIэ кърагъэпщытэн хуейщ. Сабийр дунейм къызэрытехьэу анэми апхуэдэ кIэлъыплъыныгъэ иригъэкIуэкIыпхъэщ.

Сабий къалъхуагъащIэр жьэн узым и бактериехэм пэщIэтыфынукъым. Абы и мастэр къыхалъхьа нэужьи, ар Iэпкълъэпкъым хэзэгъэху зэман дэкIын хуейщ. Абы къриубыдэу сабийм апхуэдэ бактерие къыпкърыхьэмэ, шэч хэлъкъым ар сымаджэ зэрыхъунум икIи ар абы къытехьэлъэнущ, уеблэмэ илIыкIынкIи хъунущ.

Сабийхэм жьэн узыр къапкърымыхьэн папщIэ гулъытэ хуэщIын хуейщ абыхэм я шхыныгъуэхэм. Абы ипкъ иткIэ лы, бдзэжьей, гъэшхэкI ерыскъыхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр сытым дежи я Iэнэм телъыпхъэщ.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: