Я сэбэп зыхэлъхэр япэ ирагъэщ

 США-р зи унафэщI «КъухьэпIэ зэкъуэтымрэ» Урысеймрэ я зэхущытыкIэхэр зи хуэдэр долъагъу икIи ахэр зэгуэр ефIэкIуэжыну фэ ятеткъым. Абы щыгъуэми, НАТО-м хэт икIи ди гъунэгъу Тыркумрэ ди къэралымрэ я зэпыщIэныгъэхэм заубгъу. Хэбгъэзыхьмэ, президентхэу Путинрэ Эрдоганрэ иджыблагъэ зэхуэза (ахэр куэдрэ зопсалъэ) иужь жаIащ ди зэпыщIэныгъэхэр доллар мелард 30-м и уасэм икIыу доллар меларди 100-м (!) зэрынэсынур. Мыбы политикэ хэлъкъым: лъэныкъуитIми къалъыхъуэр я сэбэп зыхэлъхэрщ…
 
2015 гъэм тыркухэм УФ-м и бомбэзехьэ кхъухьлъатэр къраудыха иужь, уи гугъэнт къэралитIыр зэи зэфI мыхъужыну зэщыIеяуэ. АрщхьэкIэ традзыну зауэлIхэр яужь щихьам Эрдоган псом япэу дэзыIыгъар Москващ.
«Анкара губзыгъэу къегъэсэбэп къухьэпIэ компаниехэр Урысейм зэрикIар икIи абыхэм я пIэр жыджэру еубыд»,- жиIащ тырку политолог Хас Керим.
Дэ лъэныкъуэ псори къызэщIиубыдэу дызэдолажьэ. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэщ а къэралым доллар мелард 22-рэ и уасэ «Аккую» атом электростанцыр щыухуэныр. Анкара «УнэтIыныгъэ щхъуантIэ», «Тырку унэтIыныгъэ» бжьамийхэмкIэ ди газ куэд ещэху.
 Дауи, дызэрыдэлажьэр и нэхэм бжэгъуу къыщIоуэ Урысейр псоми пэIэщIэ ящищIыну хущIэкъу КъухьэпIэм. Ауэ Кремлым игу ирохь НАТО-м хэт Тыркум Вашингтони Брюссели емыдаIуэу езым и фейдэ зыхэлъхэр зэрыпхигъэкIыр. Ар, уеблэмэ, къызэтрагъэувыIэфыркъым санкцэхэми. Псалъэм и хьэтыркIэ, США-м Тыркум зэрызауэ кхъухьлъатэхэу кърищэр игъэмэщIащ абы ди деж С-400 зенит-ракетэ комплексыр зэрыщищэхуам къыхэкIыу. Ауэ Вашингтон Анкара къытрикъузащэ хъуркъым, иужьрейм ищхъэрэ атлантикэ блокым къалэнышхуэ зэрыщигъэзащIэм къыхэкIыу. Псалъэм и хьэтыркIэ мы зэманым Эрдоганщ зэлъытар Финляндиемрэ Швециемрэ НАТО-м псынщIэу хыхьэнрэ хэмыхьэнрэ.
АрщхьэкIэ дыщIызэгурымыIуэхэри мащIэкъым. КъыщыщIэддзэнщ Сирием. Мыбы Анкара щыдеIыгъ ныбжьэгъугъэ зыхудиIэ Асад Башар и правительствэм екIужыну хуэмей къарухэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи Армениемрэ Азербайджанымрэ Карабахым щызэзэуащ абы Баку зэрыдиIыгъам и зэранкIэ. ЩIыналъэхэмкIэ и хъуэпсапIэр Эрдоган 20I6 гъэм къиIуэтакIэщ: «Дэ ди сэбэп зыхэлъхэм къызэщIаубыдэ Иракыр, Сириер, Ливиер, Кърымыр, Карабахыр, Азербайджаныр, Босниер, нэгъуэщI ди къуэш щIыналъэхэр». «Эрдоган щхьэкIэ ауэ сытми «сулътIан» жаIэркъым,- къыхигъэщхьэхукI Хас Керим. -Ар щIохъуэпс Уэсмэн империер зэфIигъэувэжыну».
Анкара Азие Курытым къыщегъэсэбэп пантюркизмыр - Къэзахъстаным, Тыркумэным, Узбекистаным, Къыргъызым я тырку лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэным хуэгъэзар. Мыбдеж дэрэ тыркухэмрэ ди сэбэп зыхэлъхэр щызэтехуэркъым. Зы щапхъэ закъуэ: 20I9 гъэм УФ-м икIри Къыргъызым кIуащ доллар меларди 2,4-м нэс. ИпэжыпIэкIэ а къэралым и ВВП-м и Iыхьэ щанэм щIигъур урысейм ахъшэкIэ къызэрагъэпэщ. Абы щыгъуэми Москва гугъу дохь урысыбзэкIэ щрагъаджэ школ зыбжанэ нэхъ мыхъуми. Къыргъызым къыщызэIуригъэхыным. Ауэ Анкара пантюркизмыр и дамэу тыншу апхуэдэ Iуэхухэр зэфIегъэкI.
Пэжу, апхуэдэ зэпэщIэуэныгъэр Москва тэмэму къелъытэ. «Къэрал псори езыхэм я фейдэ зыхэлъхэм къащхьэщож. Мыхьэнэ зиIэр абыхэм ахэр зэрыпхагъэкI щIыкIэрщ. Анкара зи гугъу тщIы Iуэхухэр гъэшынэрэ санкцэхэмрэ хэмылъу зэпсэлъэныгъэхэмкIэ зэфIигъэкIмэ нэхъ къещтэ. Апхуэдэм удэлэжьэфынущ.
 ЩIыдгъужынщи, дэ, адыгэхэм, ди дежкIэ мыхьэнэ хэха иIащ Урысеймрэ Тыркумрэ фIыуэ зэхущытыным. Абы къызэIуех хэхэсу а къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъу мелуанхэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэр, гъунэгъу нэхъ дызыхуещI, икIэм-икIэжым, зэгуэр зы дыхъужынымкIэ гугъапIэхэр къытхелъхьэ.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: