Европэр уэгъум иубыдащ![]() Еврокомиссэм и КъэхутакIуэ IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, ЕС-м и зэхуэдитIыр зыубыда уэгъум хуэдэ иужьрей илъэс 500-м ялъэгъуакъым. Европэм и процент 64-р насыпыншагъэм ехь. ЗэрыжаIэмкIи, апхуэдэ дуней щытыкIэр Средиземноморьем щиIыгъынущ щэкIуэгъуэ мазэ хъуху. ЩIэщыгъуэхэмкIэ, щэнхабзэм, егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ еврокомиссар Габриэль Марие къызэрыхигъэщамкIэ, щIыуэпсым и апхуэдэ щытыкIэм псыри иригъэгъущыкIынущ, гъавэми егуауэфынущ, мафIэс шынагъуэхэри къишэнущ. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ абы зыри тхуещIэнукъым. Ар дунейм, щIыуэпсым, климатым зэрызихъуэжам и Iэужьщ. ЩIыуэпсым иджыри зыри текIуакъым, - жиIащ абы.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





