Сымаджэхэм я тхьэусыхафэхэм хоплъэ

Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм ­ягъуэт дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр зыхуэдэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы хэтащ дохутырхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, республикэм и хабзэхъумэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и деж щылажьэ, Сымаджэхэм я ­хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэт ХъуэкIуэн Тамарэ.

Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм хуа­щIэ медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ мыарэзыуэ со­циальнэ сетхэм къралъхьа видеозыхуэгъэзэныгъэрщ зэIущIэм лъабжьэ хуэхъуар. Абы къыщаIэтащ сымаджэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэща зэрымыхъум, амбулаторэхэми сымаджэщ­хэми зыхуэныкъуэ Iэзэгъуэр зэрыщамы­гъуэтым, Республикэ онкодиспансерым зыхуей Iэмэ­псымэхэр ирикъуу зэримыIэм, щIыналъэм и паллиативнэ IэнатIэм и лэжьыгъэр тэмэму зэрызэтемыублам теухуа упщIэхэр. 
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэм жаIащ къаIэта Iуэхухэм лъабжьэ зэрамыIэр икIи дэтхэнэ зы упщIэри зэхэхауэ зэпкърахащ. Апхуэдэу видеозыхуэгъэзэныгъэм щыжаIэ яхуэмыгъэхъужын узы­фэхэр зыпкърыт сымаджэхэм щхьэкIэ республикэм гъуэлъыпIитху фIэкIа зэрыщымыIэр. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и Диагностикэ центрым паллиативнэ медицинэ дэIэпы­къуныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI КъуийцIыкIу Мадинэ къызэрыхигъэщамкIэ, апхуэдэ сымаджэхэм папщIэ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм щыIэщ гъуэлъыпIэ 49-рэ: ­МКДЦ-м - 20, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым и Лэскэн къудамэм - 10, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым - 4, Зеикъуэ дэт район сымаджэщым - 15. Абыхэм иджыри гъуэлъыпIи 10-м нэс къыхагъэхъуэну я мурадщ. Апхуэдэ сымаджэхэм унэм кIуэурэ якIэлъыплъ гупиплI мэлажьэ. Мы илъэсым и ­япэ мазихым паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэхэр ­ягъуэтащ сымаджэ 1429-м. Абы щыщу 424-р ­сымаджэщхэм щIэлъщ, 1005-р амбулаторэ кIэлъы­плъыныгъэм щIэтщ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм хущхъуэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Балэ Оксанэ жиIащ Онкодиспансерым и ­сымаджэхэм хущхъуэхэр къахуэщэхуныр къэ­рал хабзэм тету зэрагъэзащIэр икIи дэтхэнэ зы ­Iуэхугъуэри убзыхуауэ абы къызэрыщыгъэлъэгъуар, апхуэдэу препаратхэм я фIэщыгъэхэр зэтемыхуэнкIэ зэрыхъунури хэту.
- Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэр хущ­хъуэкIэ къызэгъэпэщыныр республикэм и ­Iэтащхьэм и кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ. 2022 гъэм и пэщIэдзэм щIыналъэ УнафэщIым пщэрылъ ищIащ апхуэдэ сымаджэхэр хущ­хъуэкIэ къызэгъэпэщыным сом мелуан 200 ­хухахыну, - жиIащ Балэм. - 2019 гъэм елъытауэ 2022 гъэм сымаджэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным хухах мылъкум хуэдитIкIэ хэ­хъуащ: псалъэм папщIэ, нэгъабэ ар сом мел­уан 267,9-рэ хъууэ щытамэ, мы илъэсым ар сом мелуан 608,28-м нагъэсащ. 2019 гъэм лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм папщIэ сом мелуан 12,3-рэ и уасэ хущхъуэ къащэхуащ, 2022 гъэм а Iуэхум трагъэкIуэдащ сом мел­уани 198,4-рэ.
Сымаджэхэм я лIыкIуэу тхьэусыхафэр зыгъэIу Кучменовэ Оксанэ жиIащ Лышх узыфэм щеIэзэ диспансерыр IэмэпсымэкIэ тэмэму къызэры­зэмыгъэпэщар, КТ-аппарату зы фIэкIа зэрамыIэр, абы къигъэлъэгъуам къеджэжыфын IэщIагъэлI зэрамыIэр, апхуэдэуи абыкIэ я узыншагъэр къызэрырагъэпщытам щыхьэт техъуэ тхылъри и чэзум къызэрырамытыжыр.
- Иужьрей илъэсищым Онкодиспансерым и мылъку-техникэ лъабжьэр хъарзынэу къагъэщIэрэщIэжащ, - жиIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Къармэ Марат. «Лышх узыфэхэм пэщIэтын» федеральнэ проектыр зэрагъэзащIэм ипкъ иткIэ, IуэхущIапIэм фIагъ лъагэ зиIэ Iэмэпсымэ къащэхуфащ. Зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэр къащэхун папщIэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 500 хухахащ.
Мы илъэсым диспансерым КТ-аппаратыщIэ щагъэуващ. Къапщтэмэ, мы зэманым абы яIэщ компьютер томографу тIу. 2021 - 2022 гъэхэм КТ къэпщытэныгъэу 2540-рэ ирагъэкIуэкIащ. Пэжщ, бзий терапиемкIэ къудамэм дохутыр-рентгенологхэр яхурикъуркъым, ауэ щыIэ IэщIагъэлIхэм я Iэзагъэр дагъуэншэщ - КТ-сурэтхэм къигъэлъагъуэр щыуагъэншэу къытрахыф, ар мызэ-мытIэу дгъэунэхуащ. Шэч щIащIын гуэ­рым гу лъатамэ е щытыкIэр хьэлъэмэ, феде­ральнэ клиникэхэм я дохутырхэм пыщIэныгъэ хуаIэщи, абыхэм йочэнджэщ.
Сымаджэхэр зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр пэжу зэрыхуамытхым, ахэр гуащIэIуэу зэрырахьэлIэм я щытыкIэр нэхъ Iей зэрищIым теухуауэ жаIахэм пэджэжу къэпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Аникушинэ Татьянэ. 
- Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэ нэхъ хьэ­лъэхэм зэреIэзэну щIыкIэр дохутырхэм я консилиумым щаубзыху, УФ-м Узыншагъэр хъу­мэ­нымкIэ и министерствэм къигъэлъэгъуа клиникэ чэнджэщхэм тету. КъищынэмыщIауэ, телемедицинэ зэпыщIэныгъэкIэ федеральнэ онкоцентрхэм я IэщIагъэлIхэми я еплъыкIэхэми зыщагъэгъуазэри, ахэри Iуэхум къыхалъытэ. Къапщтэмэ, 2022 гъэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ телемедицинэ зэпыщIэныгъэм и Iэмалыр 100-м нэблагъэрэ къагъэсэбэпащ. Апхуэдэу онкологхэм я консилиумыр зэхохьэ сымаджэм зэреIэзэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр щыхалъхьэкIи яубзыхуа IэзэкIэр и кIэм нагъэса нэужьи.
Тхьэусыхафэр социальнэ сетхэм къизылъхьар зэIущIэм къахуеблэгъакъым, апхуэдэу щытми, Iуэхум цIыху нэхъыбэм зыщагъэгъуэзэфын ­папщIэ зэхыхьэр зэIухауэ екIуэкIащ икIи «эфир занщIэкIэ» Интернетым щагъэлъэгъуащ. 
НэгъуэщI упщIэ куэди къыщаIэтащ зэIущIэм, дэтхэнэ зыми теухуауэ щытыкIэр зыхуэдэр къагъэлъэгъуащ Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм. Зэхыхьэм кърикIуам ипкъ иткIэ, унафэ ящIащ тхьэусыхафэр къызыбгъэдэкIахэм хуащIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр зыхуэдэр ткIийуэ къапщытэну, апхуэдэуи сымаджэхэм зэреIэзэм, хущхъуэ иратхэр зыхуэдэм кIэ­лъы­плъыну, дохутырхэм я консилиумым и лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну, яхуэмыгъэхъужын узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм щхьэкIэ щыIэ гъуэлъыпIэхэм къахэгъэхъуэнымкIэ Iэмалхэм хэплъэну, компьютер томографие езыгъэщIыну сымаджэхэм ткIийуэ якIэлъыплъыну.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: