Налшык къалащхьэу щыIэм я нэхъ дахэщ

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гугъу щыпщIкIэ, занщIэу уи нэгу къыщIэувэр абы и къалащхьэ Налшыкщ. ТхыдэкIэ бейуэ, теплъэкIэ дахэу, псэукIэкIэ хуэщIауэ, IуэхущIапIэкIэ къулейуэ, и цIыхухэмкIэ пашэу къэгъуэгурыкIуэ къалэм и ныбжьыр илъэс 300-м нэблэгъащ. А гъуэгуанэр хуабжьу бжьыфIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иджы къалэм иубыд щIыпIэр къэбэрдеипщ лъэрызехьэхэм 1724 гъэм псэупIэ зэращIрэ зиужь зэпыту къогъуэгурыкIуэ. ЦIыхухэр зыхуей хъу псомкIи къызэгъэпэща  щIыпIэр иджы къэрал псом къыщацIыху, европей мардэхэм изагъэу зеужь, зыгъэпсэхуакIуэ, зыплъыхьакIуэ къакIуэхэр гъунэжщ.

«Узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, уи нэгу зыщебгъэужьынымкIэ, гухэхъуэу ущыхьэщIэнымкIэ, IэфIу ущышхэнымкIэ Налшык хуэдэ щыIэкъым», - жаIэ зэпытщ щIэх-щIэхыурэ къеблагъэ хьэщIэхэм.

Пщыхэм псэупIэ ящIа щIыпIэм лъэхъэнэм зыдихъуэжурэ 1921 гъэм ар къалэ хъуащ, итIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и центру щытащ, 1936 гъэм декабрым и 5-м КъБАССР-м и къалащхьэу яубзыхуащ, 1991 гъэ лъандэрэ Налшык Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэщ.

Жэпуэгъуэ революцэ иныр иухыу Совет властыр щIыпIэм щагъэува нэужьщ. 1921 гъэм, фокIадэм и 1-м, Урысейпсо гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Налшык зи къалащхьэ Къэбэрдей автономнэ щIыналъэ яухуэну. А щIыналъэм и къалащхьэ хъуащ Налшык икIи зыужьыныгъэм и лъагъуэм теуващ. Абы дэс цIыхухэм я бжыгъэм хэхъуэрт, къалэ экономикэм, промышленностым я зэфIэкIым зиузэщIырт, бгъэдэлъ курорт Iэмалхэр ефIакIуэрт. Ауэ щIыналъэм щекIуэкI мамыр гъащIэр къызэпиудауэ щытащ 1941 гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэм.

Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Налшык щыдэса зэман кIэщIым къриубыдэу хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ къалащхьэм и экономикэм. Налшыкдэс мини 9-м щIигъум я псэр ятащ ди къэралым и хуитыныгъэм папщIэ. Хэку зауэшхуэм щызэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щхьэкIэ къалэм щыщ цIыхуи 8-м къыхуагъэфэщащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъагэр, къалэдэс мини 10-м щIигъум къратащ нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. МафIае илъэсхэм зэрихьа лIыгъэм папщIэ 1985 гъэм Налшык къыхуагъэфэщауэ щытащ Хэку зауэ орденым и I-нэ нагъыщэр.

Фашистхэм Налшык щIыдагъэкъыщIэшыпIэм и «куэбжэу» къалъытэрт. Абы къыхэкIыу, къаруушхуэкIэ къыпэщIэуващ, тхьэмахуэ зыбжанэкIэ шэкъэуэж зэпымыум хэтащ къалэр.

Нэмыцэхэм, шэч хэмылъу, я плъапIэт Кавказ къуршыжьхэри. 1942 гъэм Iуащхьэмахуэ нацист ныпыр щыхатIауэ щытащ зэрыпхъуакIуэхэм. Ар Кавказым и лъэр зэрыщIаудам и нэщэнэу къалъытэу джэгушхуэхэр ящIырт лъахэм къихьа нэмыцэхэм. Абы щыгъуэм Гитлери и фIэщ хъуат, Кавказыр къыIэрыхьауэ. Ауэ я кIэн къикIакъым.

Зауэм щIимыдзэ щIыкIэ, Налшык псэукIэфI щызэтеубла къалэу зиужьт, ауэ мафIэр къызэрыхъейуэ, къэралым бгъурыуващ «ДиIэ псори – фронтым, диIэ псори текIуэныгъэм папщIэщ» жаIэу. Машинэухуэ заводым деж щегъэжьауэ IэфIыкIэ щащI фабрикэм деж щиухыжу дзэм къыщысэбэпын хьэпшыпхэр къыщIагъэкIырт. Къалэдэсхэр жэщми махуэми зэпымыууэ лажьэрт, минэхэмрэ гранатэхэмрэ бжыгъэншэу къыщIагъэкIырт.

Гъуазджэм и лэжьакIуэ минитхум я унагъуэхэр я гъусэу къашат Налшык, зэхэуэ гуащIэ щекIуэкI щIыпIэхэм кърашурэ. Псалъэм папщIэ, режиссер Немирович-Данченкэ, композитор Прокофьев Сергей сымэ зауэм и пэщIэдзэм Налшык дэсащ. Ауэ 1942 гъэм и августым бийр километр 20 нэхъ къэмынэжу, ди къалащхьэм гъунэгъу къыхуэхъуат. Жэщ-махуэ ямыIэу цIыхухъуи, цIыхубзи, ныбжьыщIи танкхэр къызэтезыгъэувыIэу кумбхэр къратIыкI, дзотхэр ящI.

Налшык пхыкIыу, Грознэ щIыдагъэкъыщIэшыпIэм нэсын папщIэ нэмыцэ хьэщхьэрыIуэхэм танк 200, бомбардировщик 70 къыдаутIыпщхьэ. Ар дэ зэрызытхъумэ техникэм нэхърэ хуэдэ 20-кIэ нэхъыбэт. Налшык Iэщэ зыIыгъ зыри къыдэмынэу бийм пэщIэувауэ щытащ абы щыгъуэм икIи зэхэуэр жэщищ-махуищкIэ екIуэкIащ. Нацистхэм я кхъухьлъатэхэр пщIы бжыгъэкIэ къыщхьэщыхьэрт ди лъахэм. 1942 гъэм октябрым и 28-м фашистхэм зыIэщIалъхьащ къалэ ныкъуэзэхэкъутэр. Дэсхэр оккупацэ гъащIэ дыджым пэщIэуващ. ЖаIэм зымащIэкIэ фIэкI цIыхур бийм IэщIэкIуадэрт, лей зэрахьэрт. Налшык дэт фабрикэхэр, школхэр, сымаджэщхэр, театрхэр къанэ щымыIэу зэтрагъэсхьащ.

1943 гъэм и пэщIэдзэм Дзэ Плъыжьым удын иредз фашистхэм. Ахэр апхуэдэ къару, дауи, пэплъакъым. Иджы ди къалэм и кум ит, автовокзалым деж щыт танкыр и щыхьэтщ а щIыпIэм деж зэхэуэ гуащIэ зэрыщекIуэкIам. ЯтIэмрэ шэдымрэ хэна танкхэр былымхэр я дэIэпыкъуэгъуу къыхалъэфыжырти, я гъуэгум пащэрт. Январым и 4-м фашистхэр Налшык дахужауэ щытащ.

Абы иужьым иту 1943 гъэм февралым и 13-м Iуащхьэмахуэ щыхатIауэ щыта нэмыцэ ныпри къыхачыж, Бэракъ Плъыжьыр Кавказым щохуарзэ.

Апхуэдэ лIыгъэм и джэлэс нэс хъуащ Налшык. Абы щыпсэухэм зэрахьа хахуагъэм, фронтым Iутахэм, тылым щыIахэм я псэемыблэж хэкупсагъэм папщIэ 2010 гъэм, УФ-м и Президентым и УнафэкIэ, Налшык къыфIащащ «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр.

Къалэм и унафэм щIэтщ Белая Речкэ, Кэнжэ, Хьэсэней, Iэдииху. Налшык игъэдахэу, щIэблэм  щIэныгъэ къыщIахыу къалэт дэтщ  Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университыр, КIуэкIуэ Валерий и цIэр зыфIаща Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтыр, Бгы лъагэ геофизикэ институтыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтыр, нэгъуэщIхэри. Налшык дэтщ аэропорт, гъущI гъуэгу станцышхуэ, автовокзалхэр. ХьэщIэхэми бысымхэми нэгузегъэужьыпIэ куэд щагъуэт Налшык. Къалэр зыгъэдахэхэм ящыщщ щэнхабзэ унэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэбэрдей драмэ театрыр, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ балъкъэр драмэ театрыр, Горький Максим и ц Iэр зезыхьэ урыс драмэ театрыр, Музыкэ театрыр, Театр ЩхъуантIэр, Гуащэ театрыр, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэр, Профсоюзхэм я уардэунэр, нэгъуэщIхэри.

Налшык и щIыуэпс къулейм и фIыгъэкIэ, узыншагъэм щеIэзэ IуэхущIапIэ 25-рэ щолажьэ, абы щIы гектар 360-рэ еубыд. ЗыгъэпсэхупIэхэм яхэтщ сабий санаторэхэр, турист базэхэр. Абыхэм илъэс къэс къокIуэ Урысейм и щIыналъэ псоми къикI сабий минхэр. КъищынэмыщIауэ, хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр къашэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм къикIхэр гъунэжщ.

Туристхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур къалъытауэ, республикэ унафэщIхэм гулъытэ хуащI курортхэм я инфраструктурэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэщ пэшхэм къыхэгъэхъуэным, апхуэдэуи а унэтIыныгъэмкIэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр дэIыгъыным. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэкIэ, а Iуэхугъуэхэм сом мелуан 250-рэ хухахащ.

Кавказ Ищхъэрэм ит парк нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Налшык къалэм дэт ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр. Ар гектар 250-рэ мэхъу. Жыг хадэр зэрыхасэрэ илъэс 200-м ноблагъэ. Абы зэрихьэ цIэр 2007 гъэм фIащащ.

Паркым итщ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр, ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ я фэеплъхэр, Усыгъэм и лъагъуэр, нэгъуэщI куэди.

Къапщтэмэ, мы паркыр цIэрыIуэ зыщIар ит жыг лIэужьыгъуэхэращ.  Урысейм и нэхъ къулей дыдэхэм хабжэу къекIуэкIащ ар. Абы ущрохьэлIэ щIыпIэ куэдым къыщымыкI жыгейм, магнолием, гингком, платаным, нэгъуэщIхэмри.

1960 гъэхэм къуалэбзу лIэужьыгъуэ 159-рэ ису къахутащ паркым, иджыпсту абыхэм я бжыгъэр 49-м нэс къехащ.

НэхъапэIуэкIэ ХьэтIохъущыкъуэм и жыг хадэм ущрихьэлIэрт жыглыц лIэужьыгъуэ 97-рэ, нобэ абыхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэщ. Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэ 89-рэ къыщокI. Абыхэм я проценти 10-р гъуэтыгъуейхэм ящыщщ.

 Жыг хадэм къыщыкI удз гъагъэхэм я лIэужьыгъуэм и бжыгъэр, хуэгъэфэщауэ жыпIэмэ, 100 – 200 нызэрохьэс. 1970 гъэхэм паркым къыщаущыхьырт кхъуэ пIащэхэм, мэз бжэнхэм, бажэхэм, тхьэкIумэкIыхьхэм, къилъатэрт шылэджэдхэмрэ мэзджэдхэмрэ. Жыг хадэм блож Налшыкыпсыр. Ари ящыщщ дызытепсэлъыхь нэгузыужьыпIэхэм.

Республикэм, къалэм я унафэщIхэм сыт щыгъуи гулъытэшхуэ хуащIу къекIуэкIащ Налшык европей псэукIэ мардэм тет щыхьэр екIу хъуным. Ик1и ар къайхъул1ауэ къэплъытэ хъунущ. Ар нобэ Кавказ Ищхъэрэм и къалэ, зыгъэпсэхупIэ нэхъыфI дыдэщ. КъищынэмыщIауэ, къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр, дэтхэнэми тыншыпIэ къыхузэгъэпэщыныр япэ щрагъэщу къогъуэгурыкIуэ.

А псори иболъагъуэ налшыкдэсхэм я нэгу ущиплъэкIэ, ди гъуэгу захуэхэм ущрижэкIэ, ди щIыпIэ дахэхэм къыщыщыпкIухькIэ. Республикэм и илъэсищэм ирихьэлIэу абы и теплъэр нэхъри ягъэщIэрэщIащ. Насыпщ Налшык ущыпсэунуи, ущылэжьэнуи, зыщыбгъэпсэхунуи.

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: