Къэбэрдей-Балъкъэрыр - нобэ

Дэ дыщопсэу илъэсищэ гъуэгуанэ къызэзынэкIа, гъащIэм декIуу зызыужь, лъэпкъ куэд зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу щызэхэс хэку телъыджэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм нобэ иIэ ехъулIэныгъэхэр щынэрылъагъущ цIыхухэм я псэукIэр зэрефIакIуэм, ахэр псэун щхьэ­кIэ зыхуей Iэмал псори хэгъэгум къызэрыщызэгъэпэщам, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ я зэхуаку пщIэ дэлъу, зи ­къару илъыгъуэр лажьэу, щIалэгъуалэр еджэу, сабийхэр гъащIэм щыгуфIыкIыу зэрыпсэум.

Набдзэгубдзаплъэу, жэуаплыныгъэ ин яхэлъу зи къулыкъум пэрыт ди  уна­фэщIхэм псом япэ ирагъэщ цIыхубэм я псэукIэр зэIузэ­пэщ щIыныр, жылагъуэ-политикэ зэпIэзэрытыныгъэр, ­жы­лагъуэ зэкъуэтыныгъэр, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр, влас­­тымрэ жылагъуэмрэ  я зэгурыIуэныгъэр.
Уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэнуми, уи узыншагъэр ебгъэфIэкIуэнуми, удэзыхьэх Iуэхум зыхуэбгъэсэнуми, уи нэгу зебгъэужьынуми рес­публикэм уимыкIыу псори къы­зэбгъэпэщыфынущ. IэнатIэ псори гъэ къэс ефIакIуэ зэпытщ. Иужьрей илъэсхэм къэралым, республикэм щы­зэтеубла хъуа ухуэкIэр нэ­рылъагъуу сэбэп мэхъу псэу­кIэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ зэтеIыгъэнымкIэ, егъэфIэ­кIуэ­нымкIэ. Псалъэм папщIэ, дызэрыт илъэсым республикэр хэтщ лъэпкъ проект 11-мкIэ ягъэзащIэ щIыналъэ проекту 45-м. А Iуэхухэм трагъэкIуэдэнущ сом мелард 11,7-м щIигъу. Республикэм и хэхъуэм къыхалъхьэну инвестицэр сом мелард 56,3-рэ мэхъу. 2022 гъэм щIыналъэм щекIуэкIыну ухуэныгъэхэм сом мелард 38,3-рэ хухахынущ. 
Республикэм бгъэдэлъ ­хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ адыгэхэм, балъкъэрхэм, урыс­­хэм нэмыщI лъэпкъи 100-м нэс зэныбжьэгъуфIу, зэгъунэгъуфIу къызэрызэдэ­гъуэгурыкIуэр. Дэтхэнэ зыми пщIэшхуэ хуещI дин зэмы­лIэужьыгъуэ зезыхьэ цIы­ху­хэм яку дзыхьрэ пщIэрэ зэ­рыдэлъым. А псом я лъабжьэр жыжьэ къыщожьэ икIи тхыдэ къулей зиIэ лъахэр  экономикэ, социальнэ, щIэ­ныгъэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэм сыт щыгъуи быдэу тетащ. Аращ Хэкум и къэрал саугъэтхэр плIэнейрэ къы­щIыхуагъэфэщари.
Бжыгъэхэмрэ IуэхущIафэ­хэмрэ, псэукIэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ, IэнатIэхэмрэ лэжьыгъэмрэ къызэгъэпэща зэрыхъум укIэлъыплъмэ, нэры- лъагъущ ди лъахэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэфIхэр. 
ЗэрыжытIащи, псэукIэр езыгъэфIакIуэхэм ящыщщ лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ. Псалъэм къыдэкIуэу жы­пIэ­мэ, ахэр гъэзэщIэным нэгъабэ сом меларди 8,6-рэ ху­хахащ. ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэ проектхэм хиубыдэу ­лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ социальнэ IуэхущIапIэхэр ухуэнымкIэ, ахэр къэгъэщIэ­рэ­­щIэжынымкIэ, капитальнэу зэгъэпэщыжынымкIэ, апхуэ­дэу жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIы­нымкIэ. 
Зэрыщыту къапщтэмэ, IуэхущIапIэу 500 хуэдиз яу­хуащ  е зэрагъэпэщыжащ икIи абыхэм сом меларди 4,2-рэ трагъэкIуэдащ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: