Гундэлэндэсхэм ядегъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хэтащ Гундэлэн къуажэм дэт, Доттуев Ахъмэт и цIэр зезыхьэ ку­рыт еджапIэ №1-м гъэ еджэ­гъуэщIэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэIущIэм.

КIуэкIуэ Казбек еджапIэм къыщызэхуэса сабийхэм, абыхэм я адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэмрэ гъэса­кIуэ­хэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмкIэ ехъуэ­хъуащ, гъэ еджэгъуэщIэр ­къадэхъуну, ехъулIэныгъэфI­хэр яIэу ар кърахьэлIэну зэ­ригуапэр къыхигъэщащ. «Мы къуажэр адрей жылэ­хэм сыт щыгъуи нэхъ хызо­лъагъукI, мыбы пщIэрэ хьэ­тыррэ зиIэ цIыху гъэщIэ­гъуэнхэр щопсэу. Ар ауэ сытми жысIэркъым - мы къуа­жэм щыщу зы унагъуэкъым сцIыхур, зы лъэпкъ­къым си нэIуасэр. Фи жылэр ефIэкIуэну, мамырыгъэрэ зэгуры­Iуэ­рэ дэлъыну си гуапэщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Апхуэдэу КъБР-м и Iэтащ­хьэм къызэхуэсахэм лъэпкъ зэгурыIуэныгъэм и мыхьэ­нэми и гугъу яхуищIащ. «Илъэсищэ хуэдизкIэ узэ­Iэ­бэкIыжмэ, ди нэхъыжьхэр зэдэпсэуну, зэгъунэгъуну, зэгъусэну унафэ къызэдащтауэ щытыгъащ. Фэрэ дэрэ дрищыхьэтщ абы щыгъуэ ящIа унафэм нобэми пщIэ зэриIэм, къыхаха гъуэгури пэжу зэрыщытым. Адыгэ­хэмрэ балъкъэрхэмрэ дызэ­рызэкъуэувам ди щэнхабзэмрэ ди бзэмрэ тхъумэну, ди жылагъуэ зэхэтыкIэм ­зедгъэужьыну, ди экономикэ псэукIэм зедгъэIэтыну Iэмал къыдитащ. Сэ зымащIэкIи шэч къытесхьэркъым илъэ­-си 100 ипэкIэ ди нэхъыжьхэм къащта унафэр зэрымыкъу­тэнум, дызэрызэбгъэдэс илъэ­сищэ бжыгъэхэм къытхалъхьа зэкъуэш зэхущы­ты­кIэхэр къызэрымытIэсхъэнум. Къэралыгъуэ диIэ зэ­рыхъуам и фIыгъэкIэ ди лъэпкъыщхьэр дохъумэ, дя­пэкIи абыхэм зэрызедгъэу­жьынум дыхущIэкъунущ», - жиIащ КIуэкIуэм.
Апхуэдэу еджапIэр зэрызэ­рагъэпэщыжар УФ-м и Президент Путин Владимир ­къыхилъхьа унафэхэм къы­зэрыхэкIар КIуэкIуэм и псалъэмакъым къыщыхигъэщащ. «ЕджапIэхэр зэгъэ­пэщыжыным, зыхуей хуэгъэ­зэным ехьэлIауэ лажьэ къэ­рал программэхэм Iэмал къыдат ди сабийхэр зыщIэс, кхъахэ хъуа унэхэр къэдгъэщIэрэщIэжынымкIэ. Сабий мин 20 здэкIуэ апхуэдэ еджапIэхэм ящыщу Iуащ­хьэмахуэ щIыналъэм щы­Iэхэм 2024 гъэ пщIондэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щед­гъэкIуэкIыну икIи ахэр зэ­фIэдгъэкIыну ди гугъэщ. Про­граммэм ипкъ иткIэ Терс­кол къуажэм еджапIэщIи щыдухуэну Iэмал диIэ хъуащ. Егъэджэныгъэр ирагъэфIэкIуэну къыхалъ­-хьэ сыт хуэдэ жэрдэмри дэ­тIыгъынущ», - ядэгуэшащ ­Iэтащхьэр и гупсысэхэмкIэ гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэ­лIахэм.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм сабий 300-м щIигъу зыщIэс еджапIэр къиплъыхьащ. Но­бэкIэ ар зыхуей зэрыхуэзам шэч хэлъыжкъым: еджапIэм и щхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэрахъуэ­кIащ, пэшхэм я лъэгу щар кърахри, щIэ ирадзыжащ, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэ­-хэр, бжьамийхэр щIэуэ щIашэжащ, унэ кIуэцI блынхэр зэрахьащ, техникэщIэ­хэр щIа­гъэуващ. Апхуэдэу  еджапIэм и хъуреягъкIэ жыг­хэр щыхасащ, уэздыгъэ пкъохэмрэ тетIыс­хьэ­пIэ­хэмрэ щагъэуващ, еджапIэ пщIантIэм къыдыхьэмрэ дэкIы­жымрэ зэры­кIэлъып­лъыну Iэ­мэ­псы­мэхэри трагъэуващ.

 

Поделиться: