Школым и бжэхэр къызэIуахыж

Чёрнэ Речкэ къуажэм щы­зэрагъэпэщыжа курыт ­школым (еджакIуэ 420-рэ щIохуэ) и бжэхэр ЩIэныгъэм и махуэм къызэIуахыжащ.

А Iуэхум хэтащ КъБР-м  и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Аруан ­рай­оным и щIыпIэ адми­нистрацэм и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр зыгъэзащIэ Ажий Вале­рэ, Аруан рай­о­ным и щIыпIэ самоуправ­ленэм и Iэтащхьэ КIущ ­Валерэ, Чёрнэ Речкэ къуа­жэм и Iэтащхьэ ВэрылI Тимур, жылэдэсхэр. 
- Нобэрей махуэшхуэр егъэ­джэныгъэ IэнатIэм ехьэ­лIа псоми ягъэлъапIэ - са­-бий гъэсапIэхэм щегъэжьауэ еджа­пIэ нэхъыщхьэхэм щы­щIэкIыжу. Ауэ мы махуэм ­гулъытэ нэхъыбэр зейр школ­ращ, - жиIащ Егоровэ Татьянэ. - Абы и щхьэусыгъуэ­-ри гурыIуэгъуэу къысщохъу. Школым щыдгъакIуэ илъэс­хэрщ нэхъ гукъинэж хъур. ЦIыхум и акъылыр зэтоувэ, и зэфIэкIхэр, зэчийхэр къы­зыкъуех. ЩIэныгъэм и махуэр школакIуэми ар езы­гъаджэми я махуэшхуэщ. ЕгъэджакIуэхэм я дежкIэ ар я къэхутэныгъэщIэхэм щы­щIидзэ лъэхъэнэщ, школыр къэзыухынухэм я дежкIэ - гъэ еджэгъуэм IэщIагъэ яхуэ­хъунур щызэхэкIщ, - жиIащ Егоровэм. 
Абы щхьэхуэу захуигъэзащ япэу школым кIуэ ныбжьы­щIэхэм:
- Япэ классым щIэтIыс­хьэхэм я дежкIэ мы махуэр темыпыIэу зыпэплъа Iуэхущ. Нобэ школым япэу зыщывогъэгъуазэ, фи егъэджа­кIуэ­хэр зывогъэцIыху, фи япэ уэзджынэр къеуэнущ, ап­хуэдэуи ныбжьэгъу цIыкIухэр мыбдеж щызэвгъэгъуэтынущ. Шэч хэмылъу, школ илъэсхэм егугъун, ар къару зыхэплъхьэн хуейщ. ЩIэ­ныгъэм фыхуэпабгъэмэ, адэ­кIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр фиIэнущ, фызыщIэхъуэпс­хэр зэвгъэхъулIэфынущ. Абы­кIэ дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъунущ фи адэ-анэхэри егъэджакIуэхэри. ИкъукIэ мы­хьэнэшхуэ иIэщ ди къэралышхуэм, ди лъахэ дахэм хуэфащэ цIыху къыфхэ­кIы­ным. Аращ гъэ еджэгъуэ­щIэм мыпхуэдэ гулъытэ хэха щIиIэр, Урысей Федерацэм­рэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым­рэ я къэрал ныпхэр къэ­Iэтыныр махуэшхуэм и ­лъабжьэу щIыщытыр. Егъэ­джэныгъэ IэнатIэм зе­гъэу­жьы­ным ехьэлIауэ мы зэманым икъукIэ Iуэху куэд зэфIагъэкI. Фи школыр абы и щапхъэу къызолъытэ, зы­хуей хуэгъэзауэ нобэ абы и бжэхэр щIэрыщIэу къызэIудохыжри. Иджырей мардэ­хэм тету къызэгъэпэща еджа­пIэр сэбэп хуэхъуну къы­золъытэ нэхъ тыншу щIэныгъэ зэвгъэгъуэтыным, - жиIащ Егоровэм.
Ар къызэхуэсахэм ехъуэ­хъуащ Къэбэрдей-Балъ­-къэрым и Къэралыгъуэм и махуэмкIи.
Ажий Валерэ республикэ унафэщIхэм, ухуакIуэхэм, иджырей мардэхэм тету ­школыр зэгъэпэщыжыным елэжьа псоми фIыщIэ ­яхуи­щIащ. Къызэхуэсахэм     ар ЩIэныгъэм и махуэмкIэ ­ехъуэхъуащ, гъэ еджэгъуэр къайхъулIэну зэригуапэр къы­хигъэщащ. Хъуэхъу псалъэхэр жаIащ КIущ Ва­лерэ­рэ курыт еджапIэм и уна­фэщI Шыд ФатIимэрэ. 
Гъэ еджэгъуэщIэр зэры­щIидзэ хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщу япэ классым кIуэ­хэмрэ 11-нэ классыр ­къэ­зыу­хынухэмрэ уэзджы­нэр кърагъэуащ. 
ИужькIэ Егоровэ Татьянэ школ пэшхэм зыщип­лъы­хьащ, егъэджакIуэхэмрэ ныб­жьыщIэхэмрэ епсэ­лъащ.
Аруан районым егъэджэ­ныгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр ­зыгъэзащIэ Жьанэ Заурбэч ар щигъэгъуэзащ курыт школыр 1980 гъэм яухуауэ зэ­ры­щытам икIи еджапIэр зэгъэпэщыжыныр «Школхэр егъэфIэкIуэн» проектым хы­хьэу 2022 гъэм зэ­рырагъэ­кIуэкIам. Къищы­нэ­мыщIауэ, школакIуэхэр зэ­ре­джэну тхылъ­хэмкIэ про­центи 100-кIэ къызэрагъэпэщащ.

Поделиться: