Мелуанихым къагъэсэбэп«Пушкиным и картэр» зыIыгъхэр мелуани 6 хъуащ. Абы теухуауэ иджыблагъэ Сабий щэнхабзэ зэхыхьэм къыщыпсэлъащ «Пушкин и картэ» программэм и техникэ унафэщI Минаев Александр. «Ди гуапэ зэрыхъунщи, Пушкиным и картэр къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэр Урысей псом мелуани 6 щрикъуащ. ЗэрыхуэдгъэфащэмкIэ, ди къэралым щыпсэу щIалэгъуалэм и ныкъуэр, зи ныбжьыр илъэс 14 - 22 хъухэрщ зи гугъу сщIыр, къызэщIеубыдэ абы», - къыхигъэщащ Минаевым. Абы зэрыжиIамкIэ, Пушкиным и картэр махуэ къэс къыщосэбэп Урысейм щекIуэкI Iуэхугъуэ мин 25-м нэблагъэм. ЩIалэгъуалэм нэхъыбэрэ абыкIэ къащэху кином зэрыкIуэну билетхэр (ар мы гъэм мазаем и 1-м хагъэхьащ программэм). Къэбгъэлъагъуэмэ, къэралым и кинотеатрхэм я процент 80-м щIигъу пыщIащ «Пушкиным и картэм». - Мы гъатхэм урысей кинотеатрхэр «къевгъэлащ», къэралым щытраха фильмхэм жыджэру фызэреплъамкIэ», - жиIащ УФ-м Бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу къэпсэлъа Павловэ Светлани. ЩIалэгъуалэр нэхъыбэрэ здэкIуа щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ Третьяковым и галереер, Къэрал Эрмитажыр, Москва къалэм зыщаплъыхь «Федерация» и чэщанэр, Иссак и соборымрэ Петергофрэ. Театрхэм ящыщу гулъытэ ин хуащIащ Мариинскэ театрым, Оперэмрэ балетымкIэ Новосибирск академическэ театрым, Шэшэн къэрал драмэ театрымрэ Мэхъэчкъалэ Горькэм и цIэр зэрихьэу дэт къэрал урыс драмэ театрымрэ. «Программэр нэгъабэ щедгъэжьам куэдым шэч къытрахьат щIалэгъуалэм оперэмрэ балетымрэ щIэупщIэ хуаIэным. Зэрытлъагъущи, ахэр щыуат», - дыщIигъуащ Минаевым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Пушкиным и картэ» урысейпсо программэм 2021 гъэм фокIадэм и 1-м лэжьэн щIидзащ. Зы илъэсым хуэзэу картэм сом мини 5 илъщ. Зи ныбжьыр илъэс 14 - 22 хъухэм абыкIэ театрхэм, музейхэм, концертхэм зэрыщIыхьэну пщIэр ират мэхъу. ЗэрыжытIауэ, 2022 гъэм кинотеатрхэри программэм хыхьащ.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
|