Техьэгъуэм зыщыфхъумэ

Куэд щIауэ цIыхухэм къадекIуэкI мы узыфэм и къежьапIэу къалъытэр Африкэрщ. А щIыналъэм къыщежьэри абы дуней псом зыщиубгъуащ.

Дызэрыт лъэхъэнэм техьэгъуэ къызэфыкIхэр къэрали 110-м щатхащ. Илъэс къэс абы егъэсымаджэ цIыху мелуан 500-м нэблагъэ, сабий зы мелуаным щIигъу а узыфэм йолIыкI.

Техьэгъуэр Iэпкълъэпкъым хэзыхьэ микробхэр кърахьэкI аргъуейхэм, апхуэдэу лъы щыпхашкIэ е щыпхагъэлъадэкIэ, мастэ къыщыпхалъхьэкIэ къыппкърыхьэнри хэлъщ. Техьэгъуэм зезыгъэубгъу Iуэхугъуэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, а узыфэр щыета щIыналъэхэм (Азие, Африкэ, Латин Америкэ, Азербайджан, Таджикистан) щыпсэу цIыхухэр нэгъуэщIыпIэ зэрыIэпхъуэр. Апхуэдэу а щIыналъэхэм укIуэнми шынагъуэ пылъщ. ЩIыпIэ хуабэхэм гъэм и сыт хуэдэ мазэми а узыфэр къыщыппкърыхьэнымкIэ шынагъуэ щыIэщ, зэман кIэщIкIэ фIэкIа абы укъыщымыувыIами. Къыхэгъэщыпхъэщ Урысейм и цIыхухэр а узыфэр нэхъ къызэхьэлъэкIхэм зэращыщыр.

Техьэгъуэ узыфэр зыпкърытым и температурэр докIуей, къарууншэ мэхъу, и щхьэр, лыпцIэхэр, къупщхьэ зэрытыпIэхэр къоуз. Апхуэдэу гу зылъызытэжам псынщIэу дохутырым зыхуигъэзэн икIи дунейр егъэлеяуэ щыхуабэ къэрал зэрыщыIамкIэ хъыбар иригъэщIэн хуейщ. Сымаджэм лъы хашмэ, абы узыфэр зыхуэдэр наIуэ къищIынущ. Абы икIэщIыпIэкIэ емыIэзэмэ, узым зиубгъунущ, цIыхум и тхьэмщIыгъур, жьэжьейр дэузынущ, лъыр пцIэуэ хуежьэнущ, апхуэдэуи нэгъуэщI узыфэхэр къыдэхъеинущ.

Техьэгъуэр къыппкърымыхьэн папщIэ, а узыфэр къозымыгъэуалIэ хущхъуэхэр зэпхьэлIэн хуейщ, апхуэдэуи Iэмал зэриIэкIэ аргъуейхэм защыхъумапхъэщ. Абы папщIэ къэбгъэсэбэп хъунущ щIыфэм щахуэ кремхэр. Апхуэдэу ахэр унэм къыщIэмылъэтэн папщIэ бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ Iупхъуэ хъархэмкIэ гъэбыдэн хуейщ, фыщыжей пэшым ахэр зыгуэркIэ къыщIыхьамэ, абыхэм фызэребэнын Iэмэпсымэхэри щыIэщ.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: