ЩIыдагъэм и уасэр

 Бэзэрым дыкIуэмэ, дэ дыходэри нэхъ къыдэзэгъыр къыдощэху. «КIэрыгъэху» жытIэнкIэ мэхъу, ауэ уасэ зэи дгъэувыркъым. Апхуэдэ зэхущытыкIэхэр яку дэлъщ къэралхэми. Псалъэм и хьэтыркIэ, ди ныбжьэгъу Белоруссием зэпымыууэ Урысейм къреудэкI газыр лъапIэIуэу (езым къызэрыфIэщIымкIэ) зэрырищэр. Ауэ иужькIэ зэгурыIуож.
 Абы къыхэкIыу телъыджэщ «Къэралышхуиблым» (а зэгухьэныгъэм еянэу УФ-р зэгуэр хагъэхьауэ щытащ, арщхьэкIэ зыхуейм къащыхутемыгъэхьэм, къызыкIэрагъэхужащ) финансхэмкIэ я министрхэм дыгъэгъазэм и 5-м къыщыщIэдзауэ ди щIыдагъэм зыщхьэдэх мыхъуну уасэхэр хуэгъэувыным теухуауэ къащта унафэр. Мазаем и 5-м ардыдэм щIыдагъэхэкIхэри хуагъэкIуэну я мурадщ.
ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, абы игъэмэщIэнущ Урысейм щIыдагъэм къыщIих хэхъуэхэр, апхуэдэуи иригъэхынущ гъэсыныпхъэхэм я дунейпсо уасэхэр. КъулыкъущIэхэм нэгъуэщI къэралхэри къыхураджащ а жэрдэмыр даIыгъыну икIи ягъэув мардэм щхьэпрыкIыу ди деж щымыщэхуэну. КIэщIу жыпIэмэ, дэ дыхуитыжынукъым ди щIыдагъэм. Ар зэрыделагъэр апхуэдизкIэ нэрылъагъущи, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр занщIэу жиIащ: «Москва щIыдагъэ яхуиутIыпщынукъым Урысейм ираш гъэсыныпхъэм и уасэм мардэ хуагъэувыныр дэзыIыгъ къэралхэм».
Аращи, «Къэралышхуиблым» езыхэм я мызакъуэу, нэгъуэщIхэри хуит ящIынукъым ягъэув уасэм щхьэдэхыу ди щIыдагъэр ящэхуну. Мыбдеж къыщагъэсэбэпыну я мурадщ дызэсэжа санкцэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
Мыбы уигу къегъэкIыж колониализмэм и зэманыр. Абы щыгъуэм щыIа «бюджет хабзэм» ипкъ иткIэ езыхэм я бжьым щIэт щIыналъэхэм ирашхэм уасэ пыухыкIахэр хуагъэувырт, зыри щхьэдэх мыхъуну. Ауэ ар абы щыгъуэт икIи Урысейр къэрал зэрыхъурэ зэи зыми и унафэ щIэтакъым.
Дауи, гурыIуэгъуэщ ди Хэку абрагъуэм и къулеигъэ мыкIуэщIхэр КъухьэпIэм и нэхэм бжэгъуу къызэрыщIэуэр. Ар езыми щIиуфэркъым. Мурадыр зыхуэгъэзар зыщ: зэрахузэфIэкIкIэ ди къэралым и экономикэр ираудыхынырщ, апхуэдэ щIыкIэкIи лъэрымыхь ящIу къытегуплIэнырщ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэр дигу къигъэкIыжу.
Ауэ къащогъупщэ зым и унафэм дуней псор щIигъэувэу щыщыта зэманыр къимыгъэзэжыну зэрыблэкIар. Ар Путин Владимир щыжиIащ КъуэкIыпIэ экономикэ форуму иджыблагъэ Владивосток щекIуэкIам.
 Ди щIыдагъэр зыщэхуну хуейхэр куэдыкIейщ. Къэтщтэнти, Индиер. Ар хуабжьу хуэныкъуэщ ди щIыдагъэм и мызакъуэу, ди газми. Ныбжьэгъугъэ зыхудиIэ къэралхэм я гугъу тщIыххэнкъыми, «Къэралышхуиблым» едэIуэну ди гъунэгъу Тыркур е Евросоюзым пщIэшхуэ зыщыхуащI Венгриер? Мыбы, уеблэмэ псалъэмакъ щекIуэкI хъуащ а къэралыр ЕС-м къыхэкIыжыным теухуауэ.
 АрщхьэкIэ Вашингтон и жыIэм щIэт КъухьэпIэм зэпымыууэ щIэ гуэрхэр къелъыхъуэ, Урысейм зэран къыхуэхъуныр и гуращэу. ИкIи, «Мывэ уи япэкIэ бгъажэмэ, ухуозэж» псалъэжьым хуэдэу, езыр иужькIэ бэлыхь хохуэж. Аращ газым и уасэр хуабжьу щIыдэкIуеям и щхьэусыгъуэри. Псом хуэмыдэу абы тогузэвыхь европейхэр. Абы и щыхьэтщ, цIыху куэд дыдэ хэту иджы дыдэ Берлин, Прагэ, Мадрид, нэгъуэщI къалэхэми щекIуэкIа пэкIухэр. И щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: Урысейм лъакъуэпэщIэдз къыхуэзыщI КъухьэпIэм и зэранкIэ щIымахуэм гъэсыныншэу ирихьэлIэнкIэ шынагъуэшхуэ къалъыкъуэкIащ. Дэ и гугъу тщIыххэркъым фабрикэ, завод куэд зэхуащIыжынкIэ зэрыхъунум, экономикэр зэретIысэхынум. ЛэжьапIэ IэнатIэхэр зыфIэкIуэдыну цIыху минищэхэр-щэ?
Мис арат «Къэралышхуиблым» финансхэмкIэ я министрхэр псом япэу зэгупсысын хуеяр.

Поделиться: