Сом къыпэмыкIуэми

«Волонтёры-медики» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщауэ 2020 гъэ лъандэрэ зи ныбжь хэкIуэтахэм защIэгъэкъуэным тещIыхьауэ лажьэ щIыналъэ волонтёр штабым и унафэщI Къущхьэ Залинэ зэрыцIыкIурэ хущIэкъурт сэбэп зыпылъ IэщIагъэ зэрызригъэгъуэтынум.

Уеблэмэ дзэм къулыкъу щищIэну ар щIэхъуэпсащ - зыхилъхьэ щымыIэу зауэлI фащэр фIэфIт. АрщхьэкIэ а мурадыр абы и адэм къыхуигъэдэхакъым, хъыджэбз цIыкIу IэщIагъэу къызэримылъытэр къыхигъэщри (езырт абыкIэ щапхъэ хуэхъуар). Залинэ медицинэм хуеджэным нэхъ тригъащIэрт и анэм. Иджы ирогуфIэ тIуми жаIам ар зэредэIуам. 
Школ нэужьым КъБКъУ-м и Медицинэ колледжым ар щIэтIысхьэри, илъэсиплIкIэ щеджащ. Япэ махуэм щегъэжьауэ студент нэхъ жыджэрхэм яхэту Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр иригъэкIуэкIащ икIи мыгувэу университетым и Студент советым и унафэщIым и къуэдзэу ирагъэблэгъащ. Еджэху Залинэ «Волонтёры-медики» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтащ, 20I9 гъэм и мазаем къыщыщIэдзауи ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и щIыналъэ координатор ящIащ.
Къэбгъэлъагъуэмэ, волонтёр лэжьыгъэм школ зэман лъандэрэ абы и гуащIэ хелъхьэ. Нэхъапэм волонтёрхэр унэтIыныгъэкIэ зэщхьэщыхауэ лажьэу щытакъым, абы къыхэкIыу сыт хуэдэ Iуэхуми зрапщыту арат. Абы щыгъуэми зи закъуэ псэу дадэ-нанэхэм я деж кIуэрт, ядэIэпыкъурт - я унэ зэлъыIухынми, хадэм илэжьыхьын хуей хъуми. Псом хуэмыдэу пщIэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэу Залинэ къелъытэ ТекIуэныгъэ Иным ирихьэлIэу Георгий Щихъым и цIэкIэ щыIэ лентIыр цIыхухэм яхуэгуэшыныр. Махуэ къэси апхуэдэ Iуэхухэм хэтыфынут. 
2020 гъэм и гъатхэпэми жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэху зэфIихын хуейуэ абы и пщэ къралъхьат: коронавирус узыфэм зэрызиубгъум къыхэкIкIэ унэм щIэсын хуей хъуа нэхъыжьхэм защIэгъэкъуэнымкIэ щIыналъэ штабым и унафэщIу щагъэувым. Апхуэдэ IэнатIэхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ 85-м къыщызэрагъэпэщат. 
Волонтёр гупым хэтхэр я зэмани къаруи емыблэжу Iуэху гуапэм йолэжь. Нэхъыбэр медицинэ еджапIэхэм щIэс студентхэращ. Штабым лэжьэн щыщIидзагъащIэм нэхъыжьхэмрэ я узыншагъэкIэ тхьэмахуитIкIэ унэм щIэсын хуейуэ зыхуатхахэмрэ ядэIэпыкъуну Iуэхум къыхыхьахэм я бжыгъэр I00-м нэсу щытакъым. Ауэ иужькIэ цIыху 250-м щIигъуащ. Республикэм и район псоми ахэр щылажьэрт, ерыскъыхэкIхэмрэ хущхъуэхэмкIэ нэхъыжьхэр къызэрагъэпэщу. 
ЩIалэгъуалэм я гуащIэдэкIым гулъытэ щигъуэтым деж нэхъ гуапэж мэхъу. Залинэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм, «Дызэкъуэтщ» урысейпсо Iуэхум хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIам папщIэ, Урысейм и Президентым и ФIыщIэ тхыгъэ къыхуагъэхьауэ щытащ.
- Сом гуэр къыпэмыкIуэу мыпхуэдэ лэжьыгъэ дызэрыпэрытыр цIыху куэдым къагурыIуэркъым. Сэри си адэ-анэм яфIэфIтэкъым жылагъуэ Iуэхум сызэрыхэтыр, зэман куэд зэрытекIуадэм къыхэкIыу. АрщхьэкIэ абыхэми иджыпсту си Iуэхур къыздаIыгъ, зыкъысщIагъакъуэ. Нэхъыщхьэу къэслъытэр зи ужь уит Iуэхур уигуми уи псэми къыбгъэдэкIыу бгъэзэщIэнырщ. Ди лэжьыгъэм нэхъ гугъуу хэлъыр зы жэщ-махуэм и сыхьэт 24-р зэрытхуримыкъур арагъэнщ, - жеIэ Къущхьэм. 
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: