Гъуэгухэр къыщежьар

Ижь-ижьыж лъандэрэ щыIэщ гъуэгу. ЦIыхум щэкIуэн, бдзэжьей ещэн щIидза нэужь, гъуэгуи хуэныкъуэ хъуащ. Мэзым лъагъуэ пхишу щIидзащ. ИтIанэ шыгухэр къежьэри, лъагъуэхэр нэхъ бгъуэ ящIын хуей хъуащ. 
Шэрхъхэр къежьэри, гъуэгу ухуэныгъэхэм заужьыным ари щхьэусыгъуэщIэ хуэхъуащ. Гъуэгум и бгъуагъым нэмыщI, и фIагъми егугъу хъуащ. НэгъуэщI къэралыгъуэхэм теуэурэ пщылI къизыш дзэхэр хуэныкъуэт гъуэгу быдэхэм. «Колоннэ гъуэгухэр» къагъэсэбэпыну хуиттэкъым цIыхубэм. Апхуэдэу яухуауэ щытахэм я щапхъэщ Дария I-м и «пащтыхь гъуэгур», дыщэ Ордам и гъуэгухэр. 
Пасэрей Урымым псом хуэмыдэу гъуэгу ухуэныгъэхэм зыщаужьын щIадзащ. Абы щаухуауэ щыта гъуэгухэм я кIыхьагът километр мин 250-300. Абыхэм зэпащIэрт Галлиер, Британиер, Испаниер, Азие ЦIыкIур, Дакиер, Сириер, Аравие Ищхъэрэр. Абы щыгъуэщ къыщежьари «Гъуэгуу щыIэм Урымым ухуашэ» жыIэгъуэр. Псыхэр зэм кхъухькIэ зэпаупщIырт, языныкъуэхэми мывэ лъэмыж тралъхьэрт. Пасэрей Урымым щаухуауэ щытащ лъэмыж 500 хуэдиз. Абыхэм я нэхъыбэр ику ит лIэщIыгъуэхэм зэхэкъутащ. Ди зэманым къэсыху хъума хъуащ урым лъэмыж 30 хуэдиз. 
Феодалхэм я зэхуаку зэпымыууэ зэныкъуэкъуныгъэ щыдэлъа ику ит лIэщIыгъуэхэм Пасэрей Урымым и гъуэгу ухуэныгъэхэри къызэтеувыIауэ щытащ. 
Зэман кIыхькIэ Европэм и къалэхэм ящыщу гъуэгу ухуэныгъэхэр щекIуэкIыу щытар Новгород и закъуэщ. 
Гъуэгухэр ухуэныр тэмэму щызэтраублэжар XVIII-нэ лIэщIыгъуэрщ. Шотландием и инженер Макадам Джон жиIауэ щытащ гъуэгу ухуэныгъэхэм псом хуэмыдэу псыр зэран яхуэхъуу, гъуэгум лъабжьэу мывэ кIэщхъ щIэкIутэн хуейуэ. Урысейм гъуэгум лъабжьэ щащIыр пшахъуэрт. 
Гъуэгу ухуэныгъэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ XIX - нэ лIэщIыгъуэм и кIэухым, автомобилхэр къежьа нэужь. Гъуэгум сабэ къыщымыхъеин папщIэ, къагупсысащ асфальт тралъхьэу. 
 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: