Гулъытэ гуапэ

КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и цIыху гуа­щIафIэ 30-м щIигъу.

- БлэкIа илъэси 100-м ди щIыналъэм ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьащ, экономикэ, щэнхабзэ Iуэхухэм, цIыхухэр зы­хуей хуэгъэзэным я лъэныкъуэкIэ. Мып­хуэдэ махуэшхуэхэм дежщ къызэбнэкIа лэжьыгъэм и мыхьэнэр нэсу щызыхэп­щIэр, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. - ИкъукIэ дрогушхуэ щIыналъэм и зыужьыныгъэм, ар егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа дэтхэнэ цIыхуми. Нобэ абыхэм я гуащIэм пызыщэ защIэщ ди IуэхущIапIэм къедгъэблэгъар. Мыбдеж щIэсщ щIыналъэм зезыгъэужь IэнатIэ нэхъыщхьэхэм - про­мышленностым, ухуэныгъэм, туризмэм - я къару емыблэжу щылажьэхэр, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, социальнэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр. Псори зэхуэдэ зыщIыр дэтхэнэри и лэжьыгъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтырщ, и къару зэремыблэжырщ. ФIыщIэ ин фхудощI щIыналъэр егъэфIэкIуэным хэлъ­хьэныгъэ зэрыхуэфщIым папщIэ. Сыны­вохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъумрэ нобэ къыфхуагъэ­фэща къэрал дамыгъэхэмкIэ. Узыншагъэ быдэ фиIэну, иджыри ехъулIэныгъэ куэд къэфхьыну ди гуапэщ.
КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхы­лъыр зыхуагъэфэщахэм ящыщщ республикэм и ухуэныгъэ IэнатIэм и ветеран ТIыхъужь Руслан, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм епха, жьы хъуахэм я унэм социальнэ лэжьыгъэмкIэ и IэщIагъэлI Дау Маринэ, ВетеринариемкIэ Тэрч район IуэхущIапIэм Курп Ипщэм щиIэ къудамэм и унафэщI Лыкъуэжь Тимур, КъБКъУ-м и Педагогикэ колледжым и унафэщI Ашэбокъуэ ФатIимэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ кафедрэм и профессор Сэбаншы Хьэжмурат, школ-интернат №3-м и унафэщI Пэунэж Майе, «Экопарк Долина Нарзанов» IуэхущIапIэм и генеральнэ унафэщI Ажахъуэ Хьэсэн, Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ къэрал Лъэпкъ библиотекэм щIэныгъэ лэжьакIуэхэм ядэ­лэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Нанэ Ларисэ сымэ, нэ-­ г­ъуэщIхэри.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр иратащ илъэс куэдкIэ къэрал IэнатIэ мытыншхэр езыхьэкIа, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым бзылъхугъэ зэгухьэныгъэм зыщегъэужьыным хэлъхьэ­ныгъэ хуэзыщIа Беппаевэ Розэрэ Фочы­щIэ Зоерэ. Апхуэдэуи къэрал гулъытэ зыхуащIахэм ящыщщ КъБР-р илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Iуащхьэмахуэ дэкIуеяхэм яхэта, КъБР-м и Парламентым и депутат Хъубий Наур, КъБР-м и Пар­ламентым епха Жылагъуэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Михайленкэ Ольгэ, КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и къудамэм и уна­фэщI Къаскъул Виолеттэ, нэгъуэщI­-  хэри.
Къызэхуэсахэм я цIэкIэ ФочыщIэ Зое фIыщIэ хуищIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым. Бзылъхугъэм къыхигъэщащ хабзэубзыху IуэхущIапIэм етIуанэу гулъытэ къызэрыхуищIыр икIи нэхъыжь­хэм я лэжьыгъэр зэрызыщамыгъэ­гъуп­щэр зэригуапэр. Апхуэдэуи дыщIигъуащ мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и дэнэ щIыпIи зэIузэпэщ зэрыхъуар, щIыналъэр ефIэкIуэн щхьэкIэ республикэ уна­фэщIхэм куэд зэращIэм гу лъамытэу къызэрымынар.
ЗэIущIэм и кIэм Егоровэр къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ гъащIэ мамыр яIэну, бэIутIэIуншэу псэуну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: