КъБР-м и парламентархэм даIыгъ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмкIэ, финанс рынокымкIэ и комитетым и унафэщI, «Урысей зэкъуэт» партым и фракцэу КъБР-м и Парламентым щыIэм и пашэ АфэщIагъуэ Михаил: 
- СызэреплъымкIэ, Донбассым, щхьэ-хуит къащIыжа адрей щIыналъэхэм референдумхэр щегъэкIуэкIыным иджыпсту политикэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Референдумхэр зэфIэкIрэ ДНР-р, ЛНР-р, ­хуит къащIыжа адрей щIыналъэхэр Урысейм къыгухьэмэ, абыхэм исхэм гупсэхугъуэ зэрагъуэтыжынур си фIэщ мэхъу. Дауэ щытми, а Iуэхум и фIыщIэ­кIэ абыхэм я суверенитетыр яхъу­мэжынымкIэ, я къэ­кIуэнур езыхэм яубзыхунымкIэ Iэмал яIэнущ. Референдумым хэтхэм я нэхъыбапIэм апхуэдэ унафэм и телъхьэу Iэ яIэтмэ (абы сэ шэч лъэпкъ къытесхьэркъым), тхыдэ захуа­гъэр зэтеувэжауэ, а щIыналъэхэр я адэжь лъапсэм къыгухьэжауэ аращ. АтIэми, Киев тепщэныгъэр щы­зыIы­гъ­хэр а цIыхухэм зыкIи къахуейкъым, уеблэмэ езыхэм я бийуэ къалъытэри, зэрагъэкIуэдыным хущIокъу.
Дауэ щымытми, ди жагъуэ мэхъу  алъан­дэрэ екIуэкIар: а щIыналъэхэм исхэр илъэсий лъандэрэ зэпымыууэ шэкъэуэжым хэтщ, ахэр яукI, залымыгъэ кIэлъызэрахьэ.
КъыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ иужь­рей мазэхэм екIуэкIа Iуэхухэм, сызэреплъымкIэ, ди цIыхубэр зэрызэкъуагъэувар. Иджыпсту а щIыналъэхэм референдум щегъэкIуэкIыным икIи ахэр Урысей Федерацэм къыхэгъэ­хьэным и телъхьэхэр куэдкIэ нэхъыбэщ. Абы щыхьэт тохъуэ Урысейм щрагъэкIуэкI социологие къэпщытэныгъэхэр, урысей жылагъуэ лэжьакIуэхэм, политикхэм, цIыху къы­зэрыгуэкIхэм жаIэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI, КПРФ-м и фракцэу КъБР-м и Парламентым щыIэм и Iэтащхьэм и ­къуэдзэ Къумал Заурбэч:
- Зэхэгъэ­кIыныгъэ пIалъэр, ди къэралым и дежкIэ тхы­дэ мыхьэнэ зиIэ зэма­ныр къэсащ. Иужь­рей мазэхэм екIуэкIа Iуэху­хэм дэ драшэлIащ Донбассыр неофашизмэм къыIэщIэгъэкIыжынымкIэ дзэ операцэ хэхар егъэкIуэкIыным икIи щхьэхуит къа­щIыжа щIыналъэхэм ис цIыхубэм езыхэм я псэукIэнур зэрафIэфIым хуэдэу къыхахыным. Украинэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ щIыналъэу щытахэу плIым я Iэтащхьэхэм зэакъылэгъуу Урысей Федерацэм зыкъыхуагъэзащ а щIыналъэхэр къыгуэгъэхьэным теухуа референдум егъэ­кIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу ди къэралыр яхуэхъуну къэлъаIуэу. Донецк, Луганск республикэхэм, Херсон областым, Запорожьем я цIыхубэм езыхэм я хэкуу щыт Урысейм къыхуаIэ пыщIэныгъэхэр ямыгъэкIуэду илъэсипщI бжыгъэкIэ екIуэкIащ икIи ахэр тхыдэм и пэжыр зэблэзышыну ­хущIэкъухэм, фашист пропагандэм, ­НАТО-м и идеологием япэщIэтащ. ЦIыхухэм яхузэфIэкIыу зыри къагъэнакъым: ахэр адэжьхэм я фэеплъым епцIыжакъым, 2014 гъэм Киев щызэтеува тепщэныгъэм и залымыгъэм щы­шынэу я щхьэр ягъэщхъакъым. Апхуэдиз б­э­лы­хьым хэта икIи гукIи псэкIи дэ тщыщ цIыхубэм я гурылъхэмрэ я плъапIэхэмрэ ядэдмыIыгъыну дыхуиткъым. Дэ абыхэм дадэIэпыкъуну ди къалэнщ. КПРФ-м и фракцэм хэтхэм зэакъылэгъуу къалъытэ хуит къащIыжа щIыналъэхэм референдумхэр щегъэкIуэ­кIыныр къэралым и унафэщIхэм зэрыдаIыгъар нэгъэсауэ тэмэму, ар куэд щIауэ зыпэплъа икIи цIыхубэм я къэкIуэнур зыубзыху Iуэхуу зэрыщытыр.

«Захуа­гъэ здэщы­Iэ Урысей-Пэжым и телъхьэу» партым и фракцэу КъБР-м и Парламентым щыIэм и Iэтащхьэ Кебеков Владимир:
- Сэ сызэреплъымкIэ, а референдумыр куэд щIауэ ирагъэкIуэкIын ­хуеящ. Абы щыгъуэм цIыху нэхъыбэ псэууэ къэнэнкIэ хъунт, Украинэм зи щхьэр къыщызыIэта фашизмэми Донецкрэ Луганскрэ я щIыналъэхэм зэман кIыхькIэ щызэхащIыхьахэр ялэжьыну шынэну къыщIэкIынт. Иджыпсту референдумыр екIуэкIынурэ, а щIыналъэхэр Урысей Федерацэм щыщ хъунущ. ИкIи, иджыпсту Украинэм дэIэпыкъуурэ, ­НАТО-р а областхэм къезауэмэ, ахэр УФ-м къыхыхьа нэужь, абыхэм топкIэ, ракетэхэмкIэ къеуэн япэкIэ ар зи щIыналъэу щытым егупсысын хуей хъунущ. Абы къыхэкIыу референдумхэр егъэ­кIуэкIыным сэ срителъхьэщ. А щIыналъэхэм исыр ди цIыхухэрщ, урысей лъэпкъырщ, абы къыхэкIыу а областхэр Урысей Федерацэм къыхэгъэхьэныр унафэ тэмэмщ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм и Парламентым Лэ­жьы­­гъэм­кIэ, со­ци­аль­­нэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъу­мэ­нымкIэ и комитетым и унафэщI, ЛДПР партым и фракцэу КъБР-м и Парламентым щыIэм и унафэщI Безгодькэ Владимир:
- Зэрыщыту Урысейм и либерал-демократ партым хуэдэу, ЛДПР-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм референдумхэр диIыгъ къудейм къы­щымынэу, цIыхухэр ажалым къегъэлын мурадкIэ ДНР-м, ЛНР-м, ди дзэхэм щхьэхуит къащIыжа адрей украин щIыналъэхэм фIэкIыпIэ имыIэу ахэр къы­щызэгъэпэщын хуейуэ къелъытэ. Дэ махуэ къэс долъагъу удын нэхъыщхьэр дзэхэр мыхъуу, уеблэмэ, граждан инфраструктурэр къэгъэнауэ, къызэрыгуэкI цIыхухэм зэрытрагъапсэр. Ар хьэкIэкхъуэкIагъэщ, цIыхуукIщ, икIи Жириновский Владимир Вольф и ­къуэм къытхуигъэна уэсятым тету тхузэфIэкI псори длэжьын хуейщ а щIэпхъаджагъэхэр къызэпыдудын папщIэ. Дэ абы дыхуэхьэзырщ. ЛДПР-р щхьэхуит къащIыжа щIыналъэхэм куэд лъандэрэ щолажьэ: референдумхэр къызэгъэ­пэщыным дыхэтщ, ди ныбжьэгъухэм дадоIэпыкъу, абыхэм сыт и лъэны­къуэкIи защIэдгъэ­къуэну ди мурадщ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм и Парламентым Мэкъу­мэш Iуэху­хэмкIэ, щIы­уэпсыр къэгъэсэ­бэпы­ным­кIэ, экологиемкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и ­комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, «ЩхъуантIэхэр» партым и фракцэу КъБР-м и Парламентым щыIэм и Iэтащхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий:
- Украинэм иджыпсту хиубыдэ щIыналъэу зи гугъу тщIыхэм щекIуэкI псоми сэ сагъэпIейтей. Урысей Федерацэм исхэм я нэхъыбапIэри абыхэм ягъэпIейтейуэ къы­щIэкIынущ, махуэ къэс абыхэм залымыгъэхэр зэрыщызэрахьэм, сабий цIыкIухэр, жьыкIэфэкIэхэр зэрыщы­зэтраукIэм къы­хэкIыу. ИпэжыпIэкIэ а щIыналъэхэм къинакъым Европэ псор щхьэхуит къэзыщIыжа ди сэлэтхэм ящыщу хэкIуэдахэм я зы фэеплъи. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, неонацизмэмрэ неофашизмэмрэ напи, укIыти, гупсыси яIэкъым. Фэ фщIэжу къыщIэ­кIынщ ­совет, къыргъыз тхакIуэшхуэ Айтматов Чингиз «къызыхэкIамрэ и тхы­дэмрэ зымыщIэж цIыхур ипэжыпIэкIэ гъэрщ, нэгъуэщIхэм я унафэм щIэт гъэрщ» зэрыжиIауэ щытар. Абы къыхэкIыу сэ къызолъытэ Украинэм и уна­фэщIхэр гъэру икIи абыхэм хамэ унафэхэр ягъэ­защIэу. Си щхьэкIэ апхуэдэущ къы­зэрыслъытэр.
Референдумхэм я гугъу пщIымэ, ахэр цIыхубэм я мурадыр наIуэ къэщIынымкIэ Iэмалу аращ. КъызэрыслъытэмкIэ, утыку кърахьа Iуэхур икъукIэ гурыIуэ­гъуэщи, абы зэман гъунэгъум къриубыдэу жэуап убзыхуа иратынщ а щIыналъэхэм ис хэм.
Апхуэдэу сэ икъукIэ гулъытэшхуэ хуэсщIу седэIуащ къытпэщыт къалэнхэм ятеухуауэ иджыблагъэ УФ-м и Президентым къипсэлъам. ЖысIэну сы­хуейщ ар гум дыхьэу, ипэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс гурыIуэгъуэу зэрыщытар. Абы къыхэкIыу сэ, Урысей Федерацэм и гражданиным, апхуэдэу КъБР-м и Парламентым и депутатым, сыт и лъэны­къуэкIи дызоIыгъ УФ-м и Президентым иригъэкIуэкI политикэр.

 
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: