Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьыным, коронавирус уз зэрыцIалэр къэмыгъэхъунымрэ абы земыгъэубгъунымкIэ лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным къаруушхуэ зэрырахьэлIам икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын
Какваевэ Луизэ Ефэнды и пхъум - ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжынымрэ цIыхум и зэIузэпэщ псэукIэр къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм санитар кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым
Нэгъуей ФатIимэт СулътIан и пхъум - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гигиенэмрэ эпидемиологиемкIэ щыIэ центр» узыншагъэр хъумэнымкIэ федеральнэ бюджет IуэхущIапIэ гигиенэмкIэ и дохутырым
Хьэщхъуэжь Заремэ Николай и пхъум - ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымрэ цIыхум и зэIузэпэщ псэукIэр къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IэщIагъэлI-эксперт пажэм,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр яфIэщын
Бэч Мадинэ Нурбий и пхъум - ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымрэ цIыхум и зэIузэпэщ псэукIэр къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и щIыналъэ къудамэу Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм щылажьэм и унафэщIым
Гаиповэ Татьянэ Василий и пхъум - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гигиенэмрэ эпидемиологиемкIэ щыIэ центр» узыншагъэр хъумэнымкIэ федеральнэ бюджет IуэхущIапIэм и бактериологие лабораторэм и унафэщIым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм фокIадэм и 28-м
№93-У
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
30.03.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
29.03.2024 - 10:28 →
КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
26.03.2024 - 09:04 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
|