Узыншагъэм кIэлъыплъын мурадкIэКъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэхъукъащIэ шынагъухэмкIэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и центрым и мобилизацэ Iуэхум тету щызэхуашэса ди республикэм щыщ дзэм ираджахэм я деж ягъэкIуащ Ингуш Республикэм щыIэ дзэм щыхуагъэхьэзыр центрым. Къэбэрдей-Балъкъэрым Зауэ-дохутыр экспертизэ центрым и унафэщI ШонтIыкъу Аслъэн къызэрыхигъэщамкIэ, IэщIагъэлIхэр кърагъэблэгъащ мобилизацэм ипкъ иткIэ дзэм ираджахэм я узыншагъэм и щытыкIэмрэ я псэукIэмрэ кIэлъыплъыну. «Абыхэм я узыншагъэм и щытыкIэм ехьэлIауэ упщIэ гуэрхэр къалъыкъуэкIмэ сытым дежи зыкъыспащIэ хъунущ, абы папщIэ си телефон номерыр езгъэтхащ жэщ, махуэ имIыуэ сыкъагъуэтыфыну», - жиIащ ШонтIыкъу Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 11:00 →
Сом мелуанитхум щIигъу
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
|