Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
Указ

Мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьыным къарууш­хуэ зэрырахьэлIам икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэ­лэлу зэрылажьэм папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
ЩIыхь тхылъыр етын
Щэуей Артур Нажмудин и къуэм - «Шэджэм» цIыхубэ предприятэ» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мэ­къумэш хозяйствэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъа­пIэр яфIэщын
Ашэбокъуэ Артур БисулътIан и къуэм - «Гибрид СК» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и генеральнэ директорым и къуэдзэм
Бакуев Жамал Хьэжыуэсмэн и къум - «Бгылъэ, джабэ щIыпIэхэм жыг хадэхэр щыгъэкIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и генеральнэ директорым щIэныгъэмкIэ и къуэ­дзэм
Вандоляк Еленэ Николай и пхъум - «Ветеринарие медицинэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр центр» къэ­рал кIэзонэ IуэхущIапIэм и «ВетеринариемкIэ республикэ лабораторэ» IэнатIэм ветеринарие-санитар экспертизэмкIэ Прохладнэ къалэм дэт и лабораторэ №1-м и унафэщIым.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Iэтащхьэ                             КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м
№98-УГ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
Указ

Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм икIи республикэм и банк IэнатIэр зэтегъэувэным къаруушхуэ зэрырахьэлIам папщIэ цIэ лъапIэхэр яфIэщын Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм и Ищхъэрэ управленэ нэхъыщхьэм и къудамэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ банкым и лэжьакIуэхэу мы къыкIэлъыкIуэхэм:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и экономист»
Балаев Расул Хамит и къуэм - унафэщIым и ­къуэдзэм
Трубина Людмилэ Алексей и пхъум - платеж системэхэмрэ расчетхэмкIэ IэнатIэм и унафэщIым,
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и юрист»
Шыгъушх Ларисэ Мухьэмэд и пхъум - юридическэ къудамэм и унафэщIым.
     Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Iэтащхьэ                             КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м
№99-УГ

Кужонов Ж. А. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и юрист»
цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
Указ

Законыр гъэбыдэнымкIэ бгъэдэлъ фIыщIэм папщIэ икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу къулыкъум зэрыпэрытым къыхэкIыу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и юрист» цIэ лъапIэр фIэщын Кужонов Жантемыр Абдулчэрим и къуэм - Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым.
                    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
                    и Iэтащхьэ                                                                 КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ
2022   гъэм жэпуэгъуэм и 6-м
№100-УГ

Поделиться: