Лэжьыгъэр зэтеублащ

2022 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ санитар авиацэмкIэ IэнатIэр. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, а зэманым къриубыдэу республикэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм 38-рэ лъэтэну къахуихуащ.
ЖьыхулъатэмкIэ сымаджэхэр къраш район сымаджэщхэм, республикэм и бгылъэ щIыпIэхэм. КъищынэмыщIауэ, федеральнэ гъуэгухэм къыщыхъу къэхъукъащIэхэм фэбжь хьэлъэ щызыгъуэтахэри абыкIэ нэхъ псынщIэу Республикэ клиникэ сымаджэщым нашэс.
Санавицэм и лэжьыгъэм папщIэ а сымаджэщым и пщIантIэм жьыхулъатэр къыщетIысэхын щIыпIэ щагъэхьэзыращ, иджыри апхуэдэ зы къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ
Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым реанимацэмкIэ и къудамэм пэгъунэгъуу.
«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ирагъэжьа лэжьыгъэр икъукIэ щхьэпэщ, сымаджэр зыхуэныкъуэ Iэзэгъуэр и чэзум игъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къэплъытэмэ. Санавицэм и фIыгъэкIэ гъуэгум трагъэкIуадэ зэманыр нэхъ мащIэ хъуащ. Къапщтэмэ, Iуащхьэмахуэлъапэ кIуэным сыхьэтитI ихьу щытамэ, жьыхулъатэр абы нос дакъикъэ 45-кIэ.

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: