ЩIыхьэху

Пасэрей адыгэм зэдэщIыгъуу, зыр зым дэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр фIыуэ ялъагъуу щытащ.

Зы адыгэ щыIэу щытакъым езым и закъуэ къарукlэ унэ е псэуалъэ гуэр игъэуву. Унэу щрет, гуэщу, шэщу, къинэмыщI псэуалъэу щрети, зыгуэр ищIыну мурад зэрищIу, ирихьэлlэну пхъэкIэбжьэкIэхэр къызэригъэпэщырти, зыгуэр зыщIэфыну къуажэм цIыху зыбжанэм хъыбар яригъащIэт:

- Пщэдей щIыхьэху сиlэщ, мыпхуэдэ псэуалъэ тIэкIу согъэуври, къомыхьэлъэкIыу укъысхуэкIуэмэ, си гуапэ хъунт ,-  жиIэрти.

- Алыхь-алыхь, ар пхуэзмыщIэм сыт пхуэсщIэн! - жиIэрти къигъэгугъэрт адрейм.

Пщэдджыжьым къызэхуэст хъыбар зригъэщIа псори, хэт джыдэ, хэт пхъэх, хэти Iэдэ-уадэ яIыгъыу. Щхьэж зыхуэшэрыуэм еувалIэрти, зэрахузэфIэкIкIэ, хьэрычэт ха­щIыхьу, жэщ хъуху елэжьхэрт. Дауэ ящIми, а махуэм хуаухырт псэуалъэр къызэфIэгъэувэныр.

Апхуэдэ щIыхьэхум, зэрыхабзэти, хэт хъыбар ирагъащIэми мыкIуэну Iэмал яIэтэкъым.

ЩIыхьэхур зэхуэзышэсми, махъсымэ игъэхьэзырт, ныш иукIырти, лэжьахэр игъатхъэрт, фIы­щIэ яхуищIырти, иутIыпщыжырт.

Адыгэ щIыхьэхур унэ щ1ыным и закъуэтэкъым щызэхуашэсыр. Псалъэм папщIэ, зыгуэрым нысашэ иIэу щытмэ, хьэблэр къызэхуэсырти, пхъэ гулъэ зырыз къыхуашэрт, курыбэ ирагъэжьэну, нысашэр зэфIэкIыху ягъэсыну. Благъэхэри къыдэIэпыкъурт.

Унагъуэм и мэкъу, и мэш къыхуемышэлIэжу фIэкIуэдмэ, гукIэ къызэхуэсырти къыхурашэлIэжырт.

Мэкъуауэгъуэ хъуамэ, зэрымыгъэзэшу лэжьэн щхьэкIэ унагъуитIу зэгухьэрти, мэкъу зэдыпаупщIырт.

ЗэгъунэгъуитIу лажьэу зым япэ иухамэ, и гъунэгъур къигъанэу IукIыжтэкъым, кIуэрти, а къыкIэрыхуам дэIэпыкъурт. Абы дэмыIэпыкъуу IукIыжыныр – ц1ыхугъэншагъэт, адыгагъэ хэлътэкъым.

ЩIакIуэ ящIынуми, цей яхъуэнуми цIыхубз гуп къы­зэхуашэсырти, зэдэIэпыкъуурэ ящIт.

Зыгуэрым и нартыхур къыхудэмычыжу уэсым фIыщIиубыдэмэ, е гузавэрэ нэхъ щIэхыу зэфIэкIын щхьэкIэ, нартыхур мытхъыу къыдичыжамэ, щIыхьэху ящIырти, ирагъэтхъырт.

 Цы япхынумэ, «цыпх щIыхьэху» - жаIэрти, пщыхьэщхьэм хъыджэбз куэду къызэхуашэсырти, нэху щыху цы япхт. Ар Iэ закъуэкIэ илъэскIи зэфIэкIынутэкъым. Бжыхь къудей яхунумэ, гъунэгъухэр къыдэIэпыкъурт емылъэIуми. Ар хабзэт.

Поделиться: