ЗэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къыщаIэта зэIущIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал мылъкум щыщ феде­раль­нэ мылъкум уасэншэу хэгъэхьэным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и проектым и IуэхукIэ къэпсэлъащ КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. Проектыр ягъэ­хьэзыращ уэсу­кхъуэм зэрызыщахъумэ, электросетым епха IуэхущIапIэхэр федеральнэ мылъкум хэгъэхьэжыным теухуауэ УФ-м и Правительствэм ищIа унафэм тету.
«Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэ­нымкIэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ» КъБР-м и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэ­хэр халъхьащ.
- ЗэхъуэкIыныгъэхэр ехьэлIащ «ПсымкIэ диIэ беягъыр къэгъэсэбэпын» программэм текIуадэ мылъкур зэрагъэ­мэщIам, «КъБР-м и псэущхьэ лIэу­жьыгъуэ» программэ лъабжьэр зэры­Iуа­хыжам, - жиIащ КъБР-м щIыуэпс хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс.
КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим тепсэлъыхьащ псэупIэмрэ ком­мунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ щIат уа­сэмкIэ щыIэ дэIэпыкъуныгъэр зы жып­хъэм ­игъэувэным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм игъэхьэзыра унафэм и проектым. КъБР-м и цIыхухэм псэупIэ ком­мунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щаткIэ зэ­ра­дэIэпыкъунум халъхьэнущ респуб­ли­кэм и мылъкум щыщу сом мелуан 212-рэ.
КъБР-м и цIыхухэр псэупIэрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэкIэ къызэгъэпэ­щыным и проектым зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Ар тещIыхьащ республикэ бюджетым къыхэкIыу псэупIэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ дэIэпыкъуныгъэ зэратыну хабзэхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм абы хухах мылъкум республикэм и ахъшэм щыщ зэрыхилъхьэнум, унагъуэ зыухуагъащIэхэм псэупIэ зэрагъэпэщын папщIэ зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэм.
Республикэм и цIыхухэр кхъахэ хъуа унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ 2022 - 2025 гъэхэм тещIыхьа проектым халъ­хьа зэхъуэкIыныгъэхэми къытеувыIащ министрыр. Кхъахэ хъуа унэ зэтетхэм аргуэру хагъэхьащ цIыху 717-рэ зы­щыпсэу унэ 41-рэ. 2022 - 2025 гъэхэм ­къриубыдэу цIыхухэр къызыщIагъэIэпхъукIын хуей унэ кхъахэхэм я бжыгъэр 60 мэхъу. Абыхэм щопсэу цIыху 2540-рэ. Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуан 601,7-рэ.
2022 гъэм «Псы къабзэ» федеральнэ проектым хухахыну мылъкум зэ­хъуэ­кIыныгъэхэр игъуэтащ. Къулъ­къужын Ищхъэрэ къуажэм псы бжьамийхэр зыхуей щыхуэгъэзэным лейуэ текIуэдэнущ сом мелуани 6,2-рэ, Къулъкъужын Ипщэм - сом мелуани 4,2-рэ. Ахъшэр къыхахынущ щIыналъэ мылъкум.
«КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьын» къэрал программэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къигъэлъэгъуащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Анаев Аслъэн. Проектым къегъэув ди спортсменхэр командировкэ зэрагъэкIуэн сом мелуани 5 бюджетым худыщIагъуну. Проектым зэрыщагъэбелджыламкIэ, мы къэрал программэм трагъэкIуэдэнущ «Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэнымкIэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ» КъБР-м и къэрал программэм къыдэхуа мылъкум щыщ.

Гъуэт Синэ.
Поделиться: