ХьэтIокъущыкъуей жыг-хадэр дывгъэхъумэ

ХьэтIокъущыкъуей жыг-хадэм теухуауэ щытхъу тхыгъэ хэIэтыкIахэр урысей газетхэмрэ журналхэмрэ куэду къытехуэу щытащ XX лIэщIыгъуэм и 30-80 гъэхэщ. Мы паркыр Урысейм и нэхъ къулей дыдэхэм хабжэрт, ар зрагъэлъэгъун, зыщагъэпсэхун, я узыншагъэн щызэтрагъэувэжын папщIэ цIыху мин бжыгъэхэр къекIуалIэрт.  

КъэкIыгъэхэм фIыуэ хэзыщIыкI Кос Ю. 1951 гъэм итхащ: «Ди щIыналъэм къыщыкI жыг, гъуей лъэпкъ 55-м къищынэмыщIауэ, мы хадэм ущрохьэлIэ Америкэ Ищхъэрэм къикIа жыг лъэпкъ 25-рэ, Европэ Курытымрэ Ипщэмрэ щыщ жыг лъэпкъ 17, Японием, Китайм, Кореем къраха жыг лIэужьыгъуэ 15, Азие Курытымрэ Азие ЦIыкIумрэ щыкI жыг лIэужьыгъуэ 17. Языныкъуэхэр щIыпIэ куэдым щыкIыркъым. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, жыгейр, магнолиер, гингко, платан, нэгъуэщIхэри. Абы и закъуэкъым, ХьэтIокъущыкъуей жыг-хадэм ущрохьэлIэ хуиту мэзхэм щымыкIыж, кIуэдыжыгъуэ ихуауэ жыхуаIэ къуацэ лIэужьыгъуэ 28-м. Дызытепсэлъыхь къэкIыгъэхэмрэ жыгхэмрэ Долинск щызэрехьэ, кIэлъоплъ жыггъэкI зэчиифIэ Ковтуненкэ Иван».

ХьэтIокъущыкъуей хадэм жыг лIэужьыгъуи 156-160-рэ итщ щыжаIэкIэ, ар фIэщщIыгъуейщ. 1979 гъэм Къущхьэ А., Ругузов И. сымэ къыдагъэкIащ «Налшык паркым и жыгхэмрэ гъуейхэмрэ» жыхуиIэ тхылъыр. Абы зэритымкIэ, налшык паркым жыг лIэужьыгъуэ 69-рэ иту аращ. Иужьрей илъэсхэм ХьэтIэкъущыкъуей жыг-хадэм жыг мини 8 щыхасащ. Ауэ абы къикIыркъым жыг лIэужьыгъуэхэм я бжыгъэм хэхъуауэ. Абы и закъуэкъым, апхуэдиз жыгым и нэхъыбапIэм щIым хэкIакъым, я процент 80-р хэгъухьыжащ зыри кIэлъымыплъурэ. 115-нэ шуудзэм я фэеплъ лъэслъагъуэм щыхаса жыг цIыкIухэр къэтхьынщ щапхъэу.

Паркым ис къуалэбзухэм теухуауэ… 1960 гъэхэм къуалэбзу лIэужьыгъуи 159-рэ диIащ, иджыпсту абыхэм я бжыгъэр 49-м къехащ.

НэхъапэIуэкIэ ХьэтIэкъущыкъуей жыг-хадэм ущрихьэлIэт жыглыц лIэужьыгъуэ 97-рэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ абыхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэщ, IэпэкIэ къыпхуэбжынущ уеблэмэ. Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэ 89-рэ итщ паркым. Абыхэм я проценти 10-р гъуэтыгъуейхэм хабжэ. Абы къыдэкIуэу, зэранышхуэ зыпылъ Iэгъэбэгухэри щымащIэкъым. Гу лъытапхъэщ, жыг-хадэм къыщыкI удз гъэгъахэм я бжыгъэр къызэрамыхутэххар. Ауэ, хуэгъэфэщауэ жыпIэмэ, абыхэм я бжыгъэр лIэужьыгъуи 100-м - 200-м зэрынохьэс.

ЦIыхум аллергие шынагъуэ къезыту къалъытэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуи 102-м и зэхуэдитIыр ХьэтIокъущыкъуей хадэм итщ! Хьэсэней и нэчыхьытх IуэхущIапIэм къыщыщIедзэри, псы Iуфэм Iуту, Налшык къалэ и нэчыхьытхым нэс къох ахэр. Абыхэм къадокI куэдыIуэ къызэрыгъэхъуа, зэранышхуэ зыпылъ къуацэ-чыцэ, гъуей, удз лIэужьыгъуэхэр. А псоми цIыхуIэ лъэмыIэсарэ зэхэкIэжауэ уIуплъэну гурыхькъым. ГъэщIэгъуэныракъэ, къалэ администрацэм абы гу лъитэххэкъым, хэкIыпIэ гуэри къалъыхъуэну яужь иткъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а псоми ягъэкIэ къэкIыгъэ, жыг зэмылIэужьыгъуэ куэд икIуэдыкIыжащ ХьэтIэкъущыкъуей жыг хадэм. Къужьей хадэ, Кизиловкэ жыхуэтIэ щIыпIэхэм а фIэщыгъэцIэхэр щIратар а жыг лIэужьыгъуэхэр куэду щыкIыу арати, иджыпсту щыбгъуэтыжынукъым ахэри. Апхуэдэу, хадэм итыжкъым зэрыджэмрэ мэз жызумымрэ.

1970 гъэхэм паркым къыщаущыхьырт кхъуэ пIащэм, мэз бжэнхэм, бажэхэм, тхьэкIумэкIыхьхэм, къилъатэрт шылэджэдымрэ мэзджэдымрэ.  Иджыпсту абыхэм уащрихьэлIэнукъым я лъыхъуакIуэ уежьэми.

1971 гъэм комиссэ зэхашауэ щытащ, ХьэтIэкъущыкъуей жыг-хадэм щыкI псейхэмрэ уэздыгъейхэмрэ зэрыгъужыр къызэтегъэувыIэным папщIэ ялэжьыпхъэр яубзыхуну. Абы кърагъэблэгъат Ленинградрэ Москварэ и щIэныгъэлIхэри. Къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIахэм къагъэлъэгъуауэ щытащ къедбжэкIа жыг лIэужьыгъуэхэр вирусымрэ инфекцэмрэ зэщIищтауэ, ар къызэрефыкIыр. ИужьыIуэкIэ, 1973 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуар нэгъуэщIщ… КъызэрыщIэкIымкIэ, уэздыгъеймрэ псеймрэ зыгъэгъур загъэпсэхуну, ефэну-ешхэну паркым щызэхэтIысхьэ гупхэм абы щIащIыхь мафIэмрэ, къыпиху Iугъуэмрэт.

КъБР-м и Правительствэм и унафэкIэ комиссэ къызэрагъэпэщри, 2007-2008 гъэхэм апхуэдэ къэхутэныгъэ зыбжанэ ирагъэкIуэкIащ. ИкIи къахутащ ХьэтIэкъущыкъуей хадэм ит жыгым я нэхъыбэр жьы зэрыхъуам, зыри зэракIэлъымыплъым ягъэкIэ уз зэмылIэужьыгъуэхэр къефыкIыурэ махэ хъуауэ, жьэражьэм, уаем зэрыпэщIэмытыжыфыр.

Паркым итщ 1847-1850, 1922-1923 гъэхэм хаса жыг куэд. Апхуэдэхэр езыр-езыру къарууншэ мэхъу, абы цIыхум и зэраныр хыхьэжмэ, кIуэдыжыпэнущ. Псалъэм папщIэ, жыг куэдым джыдэкIэ дыркъуэшхуэхэр тралъхьащ, памыупщIын хуей къудамэ узыншэ куэд пахыурэ, абыкIэ инфекцэр жыгым пкъырыхьащ. КъищынэмыщIауэ, машинэ дыхьэпIэ ящIыу, жыгхэр ираупщIыкI. Абы и закъуэкъым, жыгыщIэ щыхасэкIэ абы зэрелэжь мардэхэр щыIэщи, а хабзэхэм зыри теткъым, армыхъумэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дызэрыпагэу щыта жыг-хадэр кIуэдыжыпIэ иувэнтэкъым. Псалъэм папщIэ, нэхур фIыуэ зылъагъу жыг лIэужьыгъуэ щыIэщ. Апхуэдэ дыдэу, жьауэм нэхъ зыщызыужьи яхэтщ жыгхэм. Мис абыхэм я хэсэкIэр пщIэн хуейщ.

Уи гум къемыуэу къанэркъым нобэрей щIэныгъэмрэ технологиемрэ къагъэсэбэпу жыг-хадэм и узыншагъэр зытраIыгъэну зыри яужь зэримытыр. Паркыр къуий хъуащ: гъуей щыплъагъужыххэкъым, удз тэмэму къыщыкIыркъым, псэущхьэ щIэсыжкъым, къуалэбзур къекIуалIэркъым.

Жыг-хадэм блож Налшыкыпсыр. Ари щыщщ дызытепсэлъыхь нэгузыужьыпIэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псыми леишхуэ къытехьащ: и Iуфэхэм екIуэкIыу шхапIэхэр къыщызэIуах, абы и зэранкIэ псым и жапIэм ихъуэжащ, кIэрыхубжьэрыхухэр псыхъуэм къыданэ, теплъаджэ ящIащ.

ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и лэжьакIуэхэм, «Зеленые» щIыналъэ политикэ-щIыуэпс партымрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ 21-мрэ я къару зыхалъхьэри, Налшык къалэ администрацэмрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэмрэ зыхуагъэзащ ХьэтIэкъущыкъуей жыг-хадэр къэгъэщIэрэщIэжыным  теухуа тхыгъэкIэ. Дыгугъэнщ хадэм и сэфэтымрэ нэхъапэм иIа пщIэмрэ игъуэтыжыну.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: