Дыгулыбгъуей гъуэгухэр къагъэщIэрэщIэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэм зыщегъэужьын» къэрал программэм хыхьэ «Гъуэгуухуэ IэнатIэр» пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ Дыгулыбгъуей къуажэм и гъуэгухэр зэрагъэпэщыж.

Метр 680-рэ зи кIыхьагъ, Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ уэрамым телъ гъуэгущхьэр къэгъэщIэрэщIэжыным епха лэжьыгъэхэм зэрыщIадзэрэ куэд щIакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Iуэхупежьэу лэжьыгъэ зыкъом зэфIэкIащ. Гъуэгуухуэхэм асфальт къилъэлъар трахащ, уэрамым и кIыхьагъкIэ ирикIуэ щIы щIагъ бжьамийхэр зэрызэрахъуэкIынум, псы жапIэхэр зэраухуэнум иужь итщ.

Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ уэрамыр къуажапщэм хуозэ, КIуэкIуэ Валерэрэ Апэнэс Алимрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхуакум дэтщ. ЦIыхушхуэ щызэхэзекIуэ, автомашинэ куэд щызэхэзежэ гъуэгум телъ асфальтыр зэрылэжьар, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ кумблъэмб зэрыхъуар, щIэх-щIэхыурэ зэрадыжам къыхэк1ыу ар теплъаджэ зэрыхъуам и мызакъуэу, абы трищIэж чахуэхэм асфальтыр зэкIэщIахуу, ущызекIуэнкIэ шынагъэ къигъэхъуу зэрыщытыр къалъытэри, къуажэдэсхэм щIыпIэм унафэр щызезыхьэ къулыкъущIэхэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ ар хузэрагъэпэщыжыну, гъуэгу занщIэм телъ асфальт пIащIэр трахыу къатитIу зэтелъ асфальбетоныр тралъхьэну, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщыну.

Гъуэгуухуэ къулыкъущIапIэмрэ Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэмрэ зэгурыIуэныгъэр жэпуэгъуэм и 17-м зэращIылIащ. IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэм сом мелуани 5,1-рэ текIуэдэнущ. КъызэралъытэмкIэ, гъуэгум и къэгъэщIэрэщIэжыным епха Iуэху псори илъэсым и кIэ пщIондэ зэфIэкIын хуейщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: