Япэ дыдэу Къармэ Iэсят и усэхэр зэуIуу, зы газет напэкIуэцI иубыду «Адыгэ псалъэм» къыщытехуам, си Iупэр зэтемыхьэу сыщыгуфIыкIыу, зы мылъкушхуэ гуэр къысхэхъуауэ къысфIэщIу, дамэ стетамэ сылъэтэным хуэдэу, сыкъызэщIиIэтэу седжащ, пхуэмыIуэтэщIыным хуэдэу гухэхъуэгъуэ ини згъуэтащ. И бзэр къулейт, телъыджэт, малъхъэдисым хуэдэу узэщIи-шэу. И IэдакъэщIэкIхэр адрей усакIуэхэм яйм жыжьэу ещхьтэкъым. Уеблэмэ языныкъуэ псалъэхэм къарыкIыр къызгурымыIуэу, псалъэгъэнахуэр къэсщтауэ щIэспщытыкIырт. Абдежым хьэкъ сщыхъуащ ди Къэбэрдей усыгъэм талантышхуэ зыбгъэдэлъ, ди лъэпкъ усыгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIыну бащэкIэ узыщыгугъ хъун бзылъхугъэ къызэрыхыхьэр.
Зы тхылъ закъуэщ Къармэм иIэр - 2018 гъэм къыдэкIа «АдрыщI ныджэ» зыфIищар. Ауэ а зыр языныкъуэ усакIуэхэм я тхылъ тIощIым нэхърэ нэхъ лъапIэу собж. ЩIэнэхъ лъапIэр псом япэу и бзэрщ. Iэсят и тхылъыр щапхъэ телъыджэщ ди адыгэбзэм и дахагъэмрэ и кууагъымрэ зэбгъэщIэну, зыхэпщIэну ухуеймэ. Дызытепсэлъыхь Iуэхур наIуэ фщытщIын папщIэ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщ едзыгъуэхэр фи пащхьэ итлъхьэнщ.
Уафэр бампIэм къызэщитхъыу,
Пшэ куэншыбэм зэпекъуз;
Лыгъэ хъуаскIэр гъуэзым хитхъэу,
Щыблэ кIапцIэр зэпогыз …
ЗэщIоутхъуэ уафэ кIэнтхъыр -
ХъуэпскIыу блапцIэ холыдыкI,
ЩIыуэпс лъащIэр зэщIигъалъэу,
Хьэршыжь купщIэр зэгуощIыкI.
Пшэ ныбэфыр зэщIогъуагъуэ -
Гыз-гурыму зэхощIыщIэ -
Уэгу чеижьу абрагъуэр
Тафэ гъуркIэм треунащIэ.
Мы сатырхэр «Щыблэ» усэм щыщщ. Куэдрэ зэхэфхрэ, фыкъеджэрэ апхуэдэ псалъэ шэрыуэхэм, эпитетхэм, зэгъэпщэныгъэхэм - пшэ куэншыбэ, тафэ гъуркIэ, щыблэ кIапцIэ, пшэ куэншыбэ… Е феплъыт мы сатырхэм:
Фэдэныжь цIанлъэ кIапцIэ-кIадзэу,
Псэ Iунэм псантхуэр изолъэф,
Схухэмылъэфыр кIэзэрыдзэу
ПсэIущхьэм гугъэу щызогъэфI.
Куэд щIауэ зэхэфха апхуэдэ адыгэбзэ? ЩыIэжыххэу сщIакъым Нало Заур, IутIыж Борис сымэ яужькIэ.
Сымытха усэхэр ибэщи,
Бгынэжа лъахэм йопщIыхь.
ЖызмыIа псысэхэр набгъэщи,
Бгъафэ гъейрэтым йотIыхь.
Я зы дэтхэнэри гъыбзэщи,
Макъамэ тхытхыу мэтхьэджэ,
Я нэхъ шэрыуэри бзабзэщи,
Хьэджасэ пэбдзу мэпыджэ.
Нобэ щIагъуэу къэдмыгъэсэбэпыж псалъэхэмкIэ къулейм и закъуэкъым мы едзыгъуитIыр - гупсысэ куукIи гъэнщIащ.
Ди усакIуэ куэдым я IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ зысщIа нэужь, мыпхуэдэ гупсысэм сыхуэкIуащ. Абыхэм я тхыгъэхэм къызэщIаубыдэ гъащIэ къибыргъукIым и лъэныкъуэ куэд. ИкIи абыхэм уахэплъэжмэ, нэхъ къайхъулIэхэм ящыщщ ямыIэж адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм, я щхьэгъусэхэм траухуахэр. Сигу къокIыж Мысачэ Пётр и адэм и фэеплъ усэ телъыджэхэр, апхуэдэу Тхьэгъэзит Зубер, Бицу Анатолэ, Мыкъуэжь Анатолэ сымэ пасэу яIэщIэкIа я щхьэгъусэхэм хуатхахэр. Къармэми усэ хьэлэмэтхэр иIэщ и адэшхуэ-анэшхуэхэм, къэзылъхуахэм ятеухуауэ. Феплъыт «Анэшхуэм» хэт мы сатырхэр гущIэм зэритIысхьэм:
Гъуджэ-еджапIэ, гъатхэ-лэжьапIэ -
Моу сынокIуэжыр, моу сыносыжыр …
И нэкIэпс тIэкIур къыфIыIэпыжу,
Автобус блэкIхэм ящIэдэIужу,
Дыхьэ-дэкIыжхэм якIэлъыхъуапсэу,
Ди тетIысхьэпIэм тесщ си анэшхуэр.
… Зэм сощIыIунэ, зэм сощIыIущхьэ,
Силъщи архъуанэ - сыхущIэмыхьэ.
… Ди бжэщхьэIу нэщIыр
зы гуэныхьышхуэщ.
И къуэрылъху пщащэм ежьэ фызыжьым и образыр дэгъуэу къэгъэлъэгъуа хъуакъэ? Хьэуэ, щIэх пщыгъупщэнукъым а зи нэпсыр къызыфIыщIэж нанэр зыхэт теплъэгъуэр. Ар зэзыгъэжьа хъыджэбзыр, Iэбэми лъэмыIэсыжыну зэрыхущIегъуэжар иужь сатырым хьэкъ пщищIыркъэ?
ГущIэм зыкъыдегъазэ Къармэм и адэм техуа «Сыкъэмысурэ» усэм.
Сыкъэмысурэ, уэс къыптесащ,
Кхъащхьэ мывэм таж
хужь щхьэритIагъэу.
Сыкъэмысурэ, гъатхэр къэсащ,
Уи гущIыIум щыгуIэ щхъуантIагъэу.
Сыкъэмысурэ, куэдым сесащ,
ЗыхэсщIащ щIыбагъыншэм игъэвыр;
ЩIэнэкIалъэ сфIэщIар зэспэсащ,
Къыстехуащ нэхъыфI куэдым я мывэ.
Адэр IэщIэкIа нэужькIэ, пхъур гъащIэм и архъуанэ щысхьыншэхэм зэрикIэрэхъухьар, куэд ишэчын хуей зэрыхъуар, нэхъапэм фIэигъуэу щыта Iэджэ и псэм тригъэхуэну къызэрылъыкъуэкIар уи фIэщ ещI мы усэм.
АпхуэдизкIэ и бзэм удехьэхри, Iэсят и языныкъуэ усэхэм ящIэлъ щIагъыбзэр, гупсысэр, абыхэмкIэ къиIуэтэну зыхуейр занщIэу къыпхуэмыпхъуэтэнкIэ, къыбгурымыIуэнкIэ хъунщ. Къытебгъэзэжурэ зыбжанэрэ уеджэн хуейщ уи акъылыр абы хуэкIуэн папщIэ (хуэмыкIуэнкIи хъунщ). Гъатхэ пщэдджыжь мамырым къуалэбзум къраш уэрэду, уи псэм йодэхащIэ усакIуэм къигъэщI сатырхэр:
Мыващхъуэ кIанэ - уафэ бзий хъуаскIэ -
Дэп маскIэ Iунэ-мафIэзэщIэдз -
Щыблэ блэ кIапцIэу
пхузогъэхъуэпскIри,
КIэтх дарииблу сощI пкIэлъеидз.
И бзэр зэрыкъулейм и закъуэкъым Iэ-сят и усэхэм фIыгъуэу хэлъыр. Ди тхыдэм, ди нобэм теухуа Iуэхугъуэ куэд куууэ къызэщIаубыдэ. Бын гузэвэгъуэ зылъэгъуа анэхэм ятеухуа «ШыщхьэуIу гъыбзэ», зэман дыджым и мыгъуагъэ псори зышэча нанэхэр - зым НКВД-м и щIопщыр игъэунэхуащ, адрейм залымыгъэкIэ заем кърагъэщэхуащ, ещанэм и сабийр ажалым IэщIихащ, кIэщIу жыпIэмэ абыхэм ягъэвам «мывэр игъэткIунт».
Дыгъуэшх-дыгъуэлIхэр зыхэтхъыкIа ди нобэр уи нэгу къыщIагъэхьэркъэ мы сатырхэм - «НэшкIул гъэтхъахэм дагъэр къоцIывыкI», «Я гуимэхэр ( хамэ къэрал машинэ лъапIэхэр жыхуиIэщ) къыдэужьгъащ». Усэ телъыджэхэр къибгъуэтэнущ Къармэм и тхылъым: «Дунеижь бжаблэр си кхъаблэдэнэу», «АдрыщI ныджэ», «Мыващхъуэ кIанэ», «Абгъуэрынэ», «Реквием», «Къыздалъхуар гузэвэгъуэ хэхуащи…» - дэтхэнэр жыпIэн.
Къармэм и усэхэм узыщрихьэлIэ псалъэ зыбжанэ къэтхьынти: щтэращтэ, гъадэщIыдэ, кIапцIэ-кIадзэ, жьыхъарз, нащхъуэбзащхъуэ, лъхудэ, щэнджатэ, уэсхъуэт, дожьачэ, гъуэгуакъуэ, бзабзэ, кIэтх, жьанэ, гухьэр, нэджащIэ, мэжьатхъуэ - мыбыхэм къарыкIыр зыщIэ куэд тхэту пIэрэ дэ, уеблэмэ адыгэбзэм ирилажьэхэм?
КIуэ пэтми къарууншэ хъу ди адыгэ-бзэр нобэ зыгъэшэрашэ, ди бзэм и дахагъэр, и лъэщагъыр утыку къизыхьэжа Къармэ Iэсят хуэдэ цIыхухэм дригушхуэн, тIэтын, дгъэлъэпIэн хуейуэ ди фарзщ.
Ди еджапIэ нэхъыщхьэ щIэсхэм е къэзыухахэм лъэпкъ литературэм зи гъащIэр тезыухуэну мурад зыщIа яхэтмэ, мыпхуэдэ чэнджэщ естынт: Къармэ Iэ- сят и IэдакъэщIэкIхэм, псом хуэмыдэу и бзэм теухуауэ диссертацэ лэжьыгъэ птхыну игъуэт.