КъегъэлакIуэхэр ягъэлъапIэ

Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ бгы лъагэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым щыщхэу 2021 гъэм Iуащхьэмахуэ бгым цIыхухэр къыщегъэлыным хэтахэм къэрал, ведомствэ дамыгъэ лъапIэхэр Терскол поселкэм щратащ.   ЗэIущIэ гуапэм хэтащ Урысей МЧС-м и аппарат нэхъыщхьэм и лIыкIуэ Ганиев Фарид.

ЩытыкIэ къызэрымыкIуэм иту и къалэныр игъэзащIэу къигъэлъэгъуа хахуагъэмрэ псэемыблэжыныгъэмрэ, апхуэдэуи и лэжьыгъэм щиIэ ехъулIэныгъэ лъагэхэм папщIэ «ПсэзэпылъхьэпIэ ихуахэр къызэрыригъэлам щхьэкIэ» медалыр Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ хуагъэфэщащ:

Урысей МЧС-м Iуащхьэмахуэ щиIэ IуэхущIапIэм и къэлъыхъуэныгъэ-къегъэлыныгъэ IэнатIэм и унафэщIхэу Апсуваев Адамей, Моллаев Эдуард, унафэщIым и къуэдзэ Хаджиев Альберт, къегъэлакIуэхэу Ахкубеков Адильбий, Газаев Алибек, Глашев Ислъам, Гулиев Артур.

А Указ дыдэмкIэ «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и къегъэлакIуэ» цIэр фIащащ Урысей МЧС-м Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым и къегъэлакIуэ Квициани Цезарь.

ЯгъэлъэпIахэм яхэтщ Урысей МЧС-м и дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэри.

«КъегъэлакIуэ IэщIагъэм и пщIэр Iэтыным зэрыхуэлажьэм папщIэ» медалыр иратащ къегъэлакIуэ Квициани Чабуки, Бегиев Рустам.

 Урысей МЧС-м «И ехъулIэныгъэхэм папщIэ» и бгъэхэIу дамыгъэр хуагъэфэщащ Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым и лэжьакIуэ Кучмезов Хъусен.

 «КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжыным хэтам» бгъэхэIу дамыгъэр хуагъэфэщащ Урысей МЧС-м и Iуащхьэмахуэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым хэт Малкаров Азэмэт.

 

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: