Бахъсэн къалэ еджапIэщIэ щаухуэ

Бахъсэн къалэм хъыбар дахэ иджыблагъэ къиIукIащ. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэм щрагъэжьащ сабий 1224-рэ зыщIэхуэн еджапIэм епха ухуэныгъэхэр.

Къатищу зэтетыну унэр метр зэбгъузэнатIэ мин 26-рэ хъу щIыпIэшхуэм иращIыхьынущ. Абы хэтынущ цIыху 560-рэ зыщIэхуэн, махуэщI Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI хъун пэшышхуэ, щыгъынхэмрэ макъамэ Iэмэпсымэхэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу щахъумэ пэшхэр хэту къэфапIэ, щыгъын фIэдзапIэ, зыгъэпскIыпIэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу, зэрытраухуэмкIэ, еджапIэм спорт пэшитI хэтынущ, зым метр 18 и к1ыхьагъыу, 30 и бгъуагъыу, адрейми метр 12 и к1ыхьагъыу, 24-рэ и бгъуагъыу. Къэралым егъэджэныгъэм теухуауэ къищта мардэхэм къагъэув сабийм щIэныгъэ бгъэдэлъхьэным имызакъуэу, IэщIагъэмкIи пэщIэдзэ есэныгъэхэр етын хуейуэ. Абы къыхэкIыу еджапIэм хэтынущ пхъэм щелэжьм, гъущIхэкIхэр щагъавэ икIи щызэпах лъэщапIэхэр, дапIэхэр, хадэ зехьэным щыхуагъасэ пэшхэр, нэгъуэщIхэри. Ухуэныгъэ пэхуэщIэм (проектым) зэритымкIэ, сабийхэм шэджагъуашхэ щащI хъуну шхапIэм зэуэ цIыху 408-рэ щIэхуэнущ. Махуэ псор еджакIуэхэм щагъэкIуэну классхэм я инагъыр зы цIыхум хуэзэу метр зэбгъузэнатIэу 2,5-рэ хъунущ.

Абы къищынэмыщIауэ, еджапIэ кIуэцIым сабийхэм я ныбжьым теухуауэ джэгупIэ щхьэхуэхэр иIэнущ, Iэпкълъэпкъым зыщебгъэужь хъуну щIыпIэхэр (воркаут утыкухэр) хэтынущ, зыгъэпсэхупIэхэр хащIыхьынущ, хэгъэгупсо мыхьэнэ зиIэ махуэщI дауэдапщэхэр щебгъэкIуэкI хъуну утыкум щIыпIэ щхьэхуи хухахынущ.

Мы лъэхъэнэм ухуакIуэхэм еджапIэщIэм и пкъыр ягъэув: блынхэр зэтралъхьэ, Iэпкълъэпкъым зыщебгъэужь хъуну воркаут щIыпIэхэр къыхагъэкI. ЕджапIэщIэр здращIыхь щIыпIэм и хъуреягъыр къэхухьащ. КъулыкъущIэхэм зэрыжаIэмкIэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу зэфIэкIын хуейщ 2023 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм, а лъэхъэнэ дыдэми ар яутIыпщыну я мурадщ.

«Къыхэгъэщын хуейщ мы лъэхъэнэм Бахъсэн къалэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэшхуэ зэрагъуэтыр. Къэрал программэхэмрэ лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ я фIыгъэкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и дэIэпыкъуныгъэкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ етхьэлIащ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зращIылIэ еджапIэщIэм къищынэмыщIауэ, еджапIитI мы лъэхъэнэм зэрагъэпэщыж, ахэр здэщыт щIыпIэхэр къалэм и архитектурэм къыхэщын хуэдэу идогъэфIакIуэ. Абы къищынэмыщIауэ, гу лъывэзгъэтэну сыхуейт щIэныгъэм ехьэлIауэ ди еджапIэхэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрыщрагъэкIуэкIым. ЩIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ щIэнIуатэхэр, Iэнэ хъурейхэр, мастер-классхэр. Утыкум кърахьэ щIэныгъэр нэхъ нэрылъагъу ящIын папщIэ, егъэджакIуэхэми сабийхэми хэхауэ центр зэмылIэужьыгъуэхэр яIэн хуейуэ гъащIэм къегъэув. Куэд щIакъым «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ программэм и фIыгъэкIэ «ЗыужьыпIэ» центрхэм хуэдэ ди еджапIищым къыщызэIутхыну Iэмал зэрыдгъуэтрэ, абы къызэрымыкIуэу дыщогуфIыкI. ТхузэфIэкIмэ, диIэ ехъулIэныгъэхэм дыкъыщыувыIэнукъым. Пэжщ, хэхъуэм дегъэгушхуэ, ауэ тщIэн хуейр нэхъыбэжщи, абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ къэдгъуэтурэ дылэжьэнущ», – жиIащ Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим.

 

Поделиться: