Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Дзэ къулыкъущIэхэм, къинэмыщI цIыху гупхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ ират социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
I. «Дзэ къулыкъущIэхэм, къинэмыщI цIыху гупхэмрэ абыхэм я унагъуэм щыщхэмрэ ират социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) преамбулэм хэт «Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм» псалъэхэм яужькIэ дэщIыгъужын «,Запорожскэ областым, Херсонскэ областым» жиIэу;
б) 5-нэ пунктым хэт «I-нэ пункт къуэдзэм» псалъэхэр зэхъуэкIын «а» пункт къуэдзэм» жиIэу.
2.Мы Указым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр ятохуэ «Дзэ къулыкъущIэхэм, къинэмыщI цIыху гупхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ ират социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и II-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м къару щигъуэта махуэм щыщIэдзауэ зэтеува хабзэ зэхущтыкIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 3I-м
№III-УГ
 
 «Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, цIыхухэм я псэуныгъэр къызэгъэпэщыным, инфраструктурэр зэтегъэувэжыным хуэныкъуэ къинэмыщI щIыналъэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ ягъакIуэхэм папщIэ шэсыпIэхэр къызэгъэпэщыным пыщIа языныкъуэ Iуэхухэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м къыдигъэкIа Указ №65-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и
  Указ
I. «Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, цIыхухэм я псэуныгъэр къызэгъэпэщыным, инфрастурктурэр зэтегъэувэжыным хуэныкъуэ къинэмыщI щIыналъэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ ягъакIуэхэм папщIэ шэсыпIэхэр къызэгъэпэщыным пыщIа языныкъуэ Iуэхухэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м къыдигъэкIа Указ №65-УГ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Указым зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу зэхъуэкIын:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъхэмрэ лэжьыгъэм пыщIауэ нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрагъакIуэм и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и языныкъуэ указхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ»;
б) преамбулэм къару имыIэжу къэлъытэн.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указым, мы Указым и I-нэ пунктым къыщыгъэлъэгъуам , и 3-6-нэ пунктхэм щыубзыхуа Iуэхухэр:
къагъэсэбэп Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм я унафэм щIэт организацэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм ехьэлIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм апхуэдэ лэжьакIуэ гупхэр IуэхукIэ Донецкэ ЦIыхубэ Республикэм, Луганскэ ЦIыхубэ Республикэм, Запорожскэ областым, Херсонскэ областым зэрагъакIуэ щIыкIэм теухуа и хабзэ мардэхэм къару щагъуэт махуэм нэсыху;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал къулыкъухэр зыIыгъхэм ехьэлIауэ къагъэсэбэпыркъым мы Указым къару щигъуэта махуэм щегъэжьауэ.
3.Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м
№II5-УГ
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ социальнэ медиа IэнатIэхэмкIэ и саугъэтым и лауреатым и дипломым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, социальнэ медиа IэнатIэхэмкIэ и саугъэтым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 28-м къыдигъэкIа Указ №94-УГ-м ипкъ иткIэ:
1. Къэщтэн мы Указым щIыгъухэу:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, социальнэ медиа IэнатIэхэмкIэ и саугъэтым и лауреатым и дипломым и теплъэр;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, социальнэ медиа IэнатIэхэмкIэ и саугъэтым и лауреатым и дипломыр зыхуэдэм теухуа тхыгъэ.
2. Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм жэпуэгъуэм и 3I-м
№202-РГ 
Поделиться: