Я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэж

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм и мазибгъум я лэжьыгъэм кърикIуахэм ехьэлIа зэIущIэ.

КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зэрыпэлъэщыр, гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэу къапэщытхэри игъэнэIуащ.

2022 гъэм и мазибгъум Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм зэлэжьыпхъэу щIэлъ Iуэхухэр мин 968.929-рэ хъурт, дэтхэнэ суд приставми ику иту 6971-рэ лъысу.

- Управленэм щIыхуэр егъэпшыныныр зэфIех судым къищта унафэр гъэзэщIэным теухуауэ щыIэ хабзэм тету. Уголовнэ Iуэху 278-рэ къэтIэтащ, административнэ жэуапым цIыху 3655-рэ етшэлIащ. Къэдгъэсэбэп хэкIыпIэхэм Iэмал къыдатащ ди лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрыдгъэхьэну. ЩIыхуэу едгъэпшыныжащ сом меларди 3,5-рэ (нэгъабэ елъытауэ процент 30-кIэ нэхъыбэ). Бюджет псоми дгъэкIуащ сом мелард 1,5-м щIигъу, налогхэмкIэ сом мелард 1,2-рэ, - жиIащ Бауаевым.

ГИБДД-м и унафэхэм япкъ иткIэ ирагъэпшынащ икIи къэрал бюджетым кIуащ сом мелуани 139-рэ, илъэс кIуам и апхуэдэ пIалъэм еплъытмэ, ар мелуан 14-кIэ нэхъыбэщ.

Езыр-езыру, хуэфэщэн тхылъхэр ямыIэу яухуа объектхэр Iухыжыным, юридическэ IуэхущIапIэхэм, къызэрыгуэкI цIыхухэм ягъэлажьэхэм абыкIэ хуит зыкърамыгъэщIауэ яIыгъ хэщIапIэхэм щIэгъэкIыжыным ехьэлIа лэжьыгъэми пащащ суд приставхэм. Мы илъэсыр къызэрихьэрэ абы ехьэлIа Iуэхуи 122-рэ зэфIахащ.

Лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ судхэр щекIуэкIкIэ хабзэншагъэ щымыIэным ехьэлIауи. Я нэIэ тетащ суд зэIущIэ мин 19-м нэсым. Административнэ жэуапым ирашэлIащ хабзэм ебэкъуа цIыху 539-рэ. Судыр щекIуэкI хэщIапIэм щIахьэну хуит ямыщI хьэпшып 5397-рэ къыIахащ.

Апхуэдэуи УФССП-м и унафэщIыр къытеувыIащ социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм. Къапщтэмэ, я нэIэ тетщ сымаджэхэр хущхъуэхэкIхэмкIэ къызэгъэпэщыным. ИджыкIэ йолэжь абы ехьэлIа дэфтэр 22-м.

Сыт щыгъуи хуэдэу, Управленэм и лэжьыгъэм гулъытэ щыхуещI цIыхухэм я хуитыныгъэхэр зэфIэгъэувэжыным. Абы ипкъ иткIэ физическэ лицохэм я сэбэп хэлъу сом мелуан 461-м щIигъу ирагъэпшынащ (нэгъабэ - мелуан 280-рэ), сабийхэм ехьэлIа алименту сом мелуан 227-рэ, улахуэ щIыхуэу мелуани 4-рэ мин 444-рэ.

- Илъэс къэс нэхъ мащIэ мэхъу цIыхухэм и чэзум лэжьапщIэ езымытыф IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр, абы епха дэфтэрхэми хощI. Дэ тхузэфIокI щIыхуэ зытелъым цIыху пщIы бжыгъэхэм я сэбэп хэлъу ахъшэр къыIэщIэтхыжын. Къапщтэмэ, щIыпIэм щыщ компание мылъкуншэ хъуам и лэжьакIуэ 37-р улахуэншэу къэнат. Абы теухуауэ IэнатIэ куэдым зыхуагъэзащ. Ар зэфIэха хъуащ Управленэмрэ республикэм и къэрал властымрэ я фIыгъэкIэ икIи псори зэхэту лэжьакIуэхэм яIэрыхьэжащ сом мелуани 2-рэ мин 270-рэ. Апхуэдэ щытыкIэ щызэфIэуват Шэджэм районым и IуэхущIапIэхэм язми. ЦIыху 60 улахуэншэу IуигъэкIыжщ, банкротым зыхуигъакIуэри, унафэщIым ахэр зэрыпсэун ямыIэу къигъэнат. Суд приставхэм заводым и мылъкур къагъуэтащ, ар къатхьэкъуу яща иужькIэ абы и лэжьакIуэу щытахэм папщIэ сом мелуани 3,8-м щIигъу ирагъэпшынащ, - жиIащ Бауаев Ахъмэт.

КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт журналистхэм я упщIэхэм жэуап зэпкърыха яритащ. Управленэм и унафэщIым зэрыжиIащи, Дзэ Iуэху хэхахэр щекIуэкI щIыпIэхэм щыIэхэу щIыхуэ зытелъхэм ехьэлIа Iуэхухэр къызэтрагъэувыIащ. Абыхэм ящыщу алимент зытыпхъэхэм ехьэлIахэр ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и ЕРЦ-м Iэрагъэхьащи, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм хухах ахъшэм хагъэкI.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: